text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Лэжьыгъэ IуэхукIэ Мы махуэхэм Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ IуэхукIэ Адыгэ- Хьэблэ районым щыIащ. Район администрацэм и унафэщI Дер Эдуард и гъусэу хэгъуэгум и Iэтащхьэм щIиплъыкIащ цIыхуи 120-рэ здэлажьэ, гъэшхэкIым хуэунэтIауэ хэгъуэгум лэжьыгъэшхуэ щезыгъэкIуэкI «Фирма Сатурн» ООО-р. ХэщIапIэм и унафэщI, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Хъупсырокъуэ Алий фир- мэм къеблэгъахэр щигъэгъуэзащ производствэр зэрекIуэкI щIыкIэм, къыхигъэщащ компаниер егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэм зэрыхэтыр. Апхуэдэу, мы гъэм фирмэр автоматизированнэ производствэм хуэкIуэнущ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэр Дунейпсо жыпхъэхэм техуэу щытынущ икIи къыщIагъэкI гъэшхэкIым хуэдитIкIэ хэхъуэнущ. Зы жэщ-махуэм къыщIагъэкIыр тонни 120-м нэсынущ.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "lezhyge-iuekhukie.txt" }
Мэкъумэш хъызмэт БэвыфI къитынущ Ди хэгъуэгумкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, «Закладка фруктового сада в Карачаево-Черкесской Республике» инвест проектым и етIуанэ Iыхьэр яутIыпщащ. Абы ипкъ иту, Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ гектари 100-м мыIэрысей щыхасэнущ. ГуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. — Мы проектым и фIыгъэкIэ, республикэм щыпсэу цIыхухэр фIагъ зиIэ пхъэщхьэмыщхьэ IэфIхэмкIэ къызэдгъэпэщынущ. Нэхъыщхьэр аращи, мурад зыхуэдгъэувыжахэр — Адыгэ-Хьэблэ районым, республикэм жыг хадэр къыщыгъэщIэрэщIэжыныр, цIыхухэм лэжьапIэ къахузэгъэпэщыныр — зэдгъэхъулIэфынущ, — жиIащ Темрезов Рэшид. №95 23.11.2017
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "mekumesh-khyzmet.txt" }
Гъуэгум и щытыкIэр ирагъэфIакIуэ Мало-Къэрэшей районым хыхьэ «Конзавод – Коммунстрой — Медовые водопады» автомобиль гъуэгум и ухуэныгъэхэр ирагъэжьащ. Ухуэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, цIэрыIуэ хъуа турист-рекреацэ комплексым транспортыр зэрекIуалIэ гъуэгум и щытыкIэр ефIэкIуэнущ. Лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщынущ километри 7,53-рэ зи кIыхьагъ гъуэгум. Мы проектыр гъэзэщIа хъумэ, гъуэгум и шынагъуэншагъэр ефIэкIуэнущ, абы и фIыщIэкIи Мало-Къэрэшей районым туризмэм и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэфI игъуэтынущ, хыхьэхэкIырылажьэхэми къахэкIынущ нэгъуэщI турист ухуэныгъэхэр мы рай-оным деж къыщагъэщIыну. Ди корр.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "mer-cherkesska-ruslan-tambiev-provel-zasedanie-antiterroristicheskoj-komissii.txt" }
Нэхъыщхьэр – цIыхухэм я шынагъуэншагъэращ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и антитеррор комиссэмрэ оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Урысейм и Лъэпкъ антитеррор комитетым и лIыкIуэ Качалин Михаил. Ахэр тепсэлъыхьащ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я органхэмрэ хабзэхъумэ къулыкъухэмрэ Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэр егъэкIуэкIыным зэрыхуэхьэзырым ехьэлIа упщIэм. КъинэмыщIауэ, зэIущIэм хэтахэм къапщытэжащ 2017 гъэм антитеррор комиссэмрэ оперативнэ штабымрэ ялэжьа Iуэхугъуэхэр. №6 27.01.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "nekhyshchkher-tsiykhukhem-ya-shynaguenshagerashch.txt" }
Почти 80% избирателей КЧР отдали свои голоса за Джашарбека Узденова Почти 80% избирателей КЧР отдали свои голоса за Джашарбека Узденова По итогам выборов в Карачаево-Черкесии, оба думских мандата от рес-публики сохранила за собой «Единая Россия». Партия «Единая Россия» заняла первое место по партийным спискам с ре-зультатом 80,06% голосов. Напомним, что территориальную группу фе-дерального списка кандидатов в депутаты Госдумы РФ возглавляет Глава КЧР Рашид Темрезов. В список также вошел депутат Государственной Думы РФ Михаил Старшинов. По одномандатному избирательному округу победу одержал также кан-дидат от «Единой России», министр природных ресурсов и экологии КЧР Джашарбек Узденов, получивший 78,6% или 210632 голоса. В марте 2020 года Указом Главы Карачаево-Черкесии Рашида Темрезова с целью консолидации ресурсов для более четкой и грамотной реализации приоритетного национального проекта «Экология» было создано Мини-стерство природных ресурсов и экологии КЧР. Возглавил новое ведомство Джашарбек Узденов. За небольшой период работы Джашарека Узденова в статусе министра природных ресурсов и экологии КЧР в регионе стартовали и активно реа-лизуются масштабные проекты по ликвидации объектов накопленного вреда окружающей среде, защите населения от негативного воздействия вод, сохранению и восстановлению лесов, а также по формированию эко-логического воспитания и культуры подрастающего поколения и молодё-жи. Так, завершаются работы по рекультивации хвостохранилищ Урупского горно-обогатительного комбината и Эльбрусского свинцово-цинкового рудника. На завершающий этап выходят и работы по рекультивации свал-ки бытовых отходов близ станицы Зеленчукской. Проект стартовал весной 2021 года. Реализация мероприятий федерального проекта «Чистая страна» нацпро-екта «Экология», реализуемых в Карачаево-Черкесии, позволит улучшить качество жизни наших 230 тыс. человек. Вместе с тем в регионе проводятся масштабные работы по сохранению и восстановлению лесов. С момента создания Министерства природных ре-сурсов и экологии КЧР в марте 2020 удалось снизить число незаконных рубок на 62 %, проведена работа по лесовосстановлению на площади бо-лее 150 га. Важным направлением в работе, возглавляемого Узденовым ведомства стала работа по защите от негативного воздействия вод: в общей сложно-сти в безопасное состояние приведено 32 гидротехнических сооружения, построено — 8. Одним из масштабных проектов, реализованных под руководством Джашарбека Узденова, стала и Всероссийская экологическая акция «Вода России». С начала текущего года в рамках акции Министерством природных ре-сурсов и экологии КЧР было проведено 77 мероприятий, в том числе ма-рафон защиты малых рек и водоемов. В общей сложности удалось очистить от мусора порядка 750 км берегов рек. Объём собранного мусора составил почти 1134 кубометров.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "pochti-80-izbiratelej-kchr-otdali-svoi-golosa-za-dzhasharbeka-uzdenova.txt" }
Политикэ хъыбар нэхъыщхьэр Иджыблагъэ УФ-м и Президент Путин Владимир видео-зэпыщIэныгъэ иригъэкIуэкIам деж къыщихьа унафэм ипкъ иткIэрэ, Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа Iэ Iэт махуэр мы гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 1-м ирагъэхъулIэнущ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ипэкIэ Путин Владимир Iэпэ щIидзауэ щытащ мэлыжьыхьым (апрелым) и 22-м Iэ Iэтыныр ирагъэкIуэкIыну. АрщхьэкIэ, коронавирус узым къыздихьа щытыкIэ шынагъуэм къыхэкIыу, а махуэр ягъэкIуэтэн хуей хъуащ. Иджы, мазэрэ ныкъуэрэ текIа нэужь, мы Iуэхур зи нэIэ щIэт рабочэ группэм къыхэлъхьэныгъэщIэ ищIащ икIи абы Президентыр арэзы техъуащ. —Урысейпсо Iэ Iэт кампанэр дгъэкIуэтэн хуей хъуащ цIыхубэм и гъащIэм, и узыншагъэм я шынагъуэншагъэм дегупсыскIэрэ,—жиIащ Путин Владимир. Урысейм и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Поповэ Аннэ къыхигъэщащ бадзэуэгъуэм и 1-р эпидемиологическэ шынагъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ Iуэхум нэхъ тегъэпсыхьауэ къызэрилъытэр. —АтIэ, бадзэуэгъуэм и 1-м нэгъунэ иджыри тхьэмахуэ зыбжанэ диIэщ, Iуэхухэр нэхъри зэIубз хъужынущ,—щIигъужащ абы. Шынагъуэншагъэ щытыкIэр къызэгъэпэщыныр и лъабжьэу, Iэ Iэтыныр зы махуэ закъуэкъым зэрекIуэкIынур. АтIэ, ар бадзэуэгъуэм и 1-м зы тхьэмахуэ и пэ къихуэу щIадзэнущ. Е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Iэ IэтыпIэхэр мэкъуауэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ, бадзэуэгъуэм и 1-м нэгъунэ лэжьэнущ. —Апхуэдэщи, конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэм папщIэ Iэ Iэтыныр махуи 7-кIэ екIуэкIынущ, коронавирус пандемием цIыхухэр щыхъума хъун, я шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщыным папщIэ,—жиIащ УФ-м и Купсэ ХэхакIуэ комиссэм и пашэ Памфиловэ Эллэ.—Апхуэдэ Iэмалым и фIыщIэкIэ, хэхыпIэ участкэхэм чэзухэр щыIэнукъым, цIыху куэд щызэтехъуэнукъым,—къыхигъэщащ абы. Урысейпсо Iэ Iэтыгъуэ махуэм ехьэлIауэ и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ «Адыэ Хасэ (ЩIалэгъуалэ Адыгэ Парламентым)» хэгъуэгузэпх жылагъуэ зэухьэныгъэм и тхьэмадэ Чырбыж Артур. —Урысей Федерацэм щыпсэу дэтхэнэми мы Iуэхум хуиIэ и еплъыкIэмрэ и гупсысэмрэ IупщI ищIу, мы гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м Iэ Iэтым хэтыпхъэу къызолъытэ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр дэтхэнэми ехьэлIащ, сыту жыпIэмэ Урысейр—псоми ди зэхуэдэ ди къэралщ, абы и хабзэ нэхъыщхьэр—Конституцэр—апхуэдэ къабзэу, псоми къыттеухуа, къытлъэIэс хабзэщ. Я узыншагъэм тешыныхькIэрэ, мы Урысейпсо Iуэхум хэмыхьэни щыIэщ. Ауэ, псори дызэрыщагъэгъуэзащи, шынагъуэншагъэ Iэмалхэр хэхыпIэ участкэхэм куэду къыщызэрагъэпэщынущ. Апхуэдэу: Iэ IэтыпIэм деж дэтхэнэми нэкIуIулъхьэхэр, хьэфэ Iэлъэхэр хуагуэшынущ, уеблэмэ зэ къэгъэсэбэпыгъуэ ручкэхэр иратынущ. Iэ Iэтыным щIадзэным и пэ къихуэу, комиссэм хэтхэр шынагъуэншагъэ, лэжьэкIэ зэкIэлъыкIуэкIэхэм щызу щагъэгъуэзэнущ,—жеIэ жылагъуэ IуэхущIэм.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "politike-khybar-nekhyshchkher.txt" }
Пщэрылъхэр яхуещI Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэнрэ абы и къуэдзэхэмрэ иджыблагъэ яIущIащ. Темрезов Рэшид абыхэм пщэрылъ яхуищIащ къалэхэмрэ район- хэмрэ зыхуей зэрыхуагъэзэнымкIэ план зэхагъэувэну. — 2018 гъэр республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным и Илъэсу согъэбелджылы. Абы папщIэ, мы Iуэхугъуэм ехьэлIауэ фызэрылэжьэну планыр зэхэвгъэувэу си пащхьэ къифлъхьэну мазэ пIалъэ фызот. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ планыр щызэхэвгъэувэкIэ щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэхэм купщIафIэу фазэрыдэлэжьапхъэр. Мы лъэныкъуэмкIэ ди лэжьыгъэр зэхуэдэу, зы бгъэдыхьэкIэу щытын хуейщ икIи нэхъ лъэпощхьэпохэр къыхэлъытауэ щытыпхъэщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, уэрамхэр къэгъэнэхуныр, цIыху зекIуапIэхэр, гъуэгу нэхъыщхьэхэр, паркхэр зэгъэзэхуэныр, — жиIащ Темрезов Рэшид. КъинэмыщIауэ, Темрезов Рэшид Уэз Аслъэн пщэрылъ хуищIащ и лэжьэгъухэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэхэмрэ бюджет дисциплинэм ткIийуэ зэрыкIэлъыплъынум хуиунэтIынхэу. Апхуэдэщи, унафэ ищIащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу еджакIуэ, студент нэхъыфIхэм ират стипендиер кърагъэжьэжыну. ЕЗАУЭ Маринэ №2 13.01.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "pshcherylkher-yakhueshchi.txt" }
ПщIэ зыхуэтщI Арэшыкъуэ Къанщауэ! Адыгэм къыщIэхъуэ щIалэгъуалэми, курыт ныбжьым итхэми щапхъэ зытрахыпхъэ нэхъыжьыфI, лъэпкъым ди жьантIэр тхуэзыгъэбжьыфIэ тхьэмадэ Iумахуэщ нобэ зи илъэс 90-р зыгъэлъапIэ Арэшыкъуэ Къанщауэ. ГуащIафIэу, лъэужьыфIэу а гъуэгуанэ дахэр къызэзынэкIа лэжьакIуэшхуэм зэфIэкI ин хилъхьащ ди къуэш республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, и мэкъумэш IэнатIэр къэIэтыным, зегъэужьыным, жылагъуэ Iуэхухэр зыхуей хуэзэу дэгъэкIыным. Дэ дыщыгъуазэщ зэрылэжьа илъэс 70-м и кIуэцIкIэ Къанщауэ и жэрдэмкIэ IуэхуфI куэд зэрызэфIэкIам, комсомол, парт, жылагъуэ, мэкъумэш IэнатIэхэм ехъулIэныгъэ къызыпэкIуа лэжьыгъэхэр зэрыщыдигъэкIам. Апхуэдэ псэемыблэж Iуэхухэращ абы нобэ иIэ пщIэ лъагэр къызыпэкIуари, къэралым, республикэм къабгъэдэкI орденхэр, медалхэр, цIэ лъапIэхэр къыхуэзыхьари. Нобэ, и махуэшхуэр щигъэлъапIэм ирихьэлIэу Къанщауэ дохъуэхъу и гуащIэдэкIым къыпэкIуа хъерым иригушхуэу, нэхъыщIэхэм ди гъуэгугъэлъагъуэрэ и гъащIэр гъуазэ тхуэхъуу иджыри куэдрэ дяпэ итыну! Уи жьэгупащхьэр хьэщIэ етIысэхыпIэрэ унапIэ махуэу, уи узыншагъэр быдэрэ уи лъэр жану, уи щIыхь лъагэ хъу зэпытрэ уи цIэм лъэпкъыр ирипагэу Тхьэм илъэс куэдкIэ иджыри укъытхигъэт! СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ №12 17.02.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "pshchie-zykhuetshchi-areshykue-kanshchaue.txt" }
Путин Владимир: «Ди зэкъуэтыныгъэр – ди зыужьыныгъэм и лъабжэ быдэщ» Хабзэ зэрыхъуауэ, Урысейм и Президент Путин Владимир и Зыхуэгъэзэныгъэр я пащхьэ ирилъхьащ УФ- м и Федеральнэ ЗэIущIэм. Абы теухуа зэхуэс мартым и 1-м Манежым деж щекIуэкIащ. Мы гъэм зэIущIэм кърагъэблэгъащ Федеральнэ ЗэIущIэм хэтхэм нэмыщIу, Къэрал Думэм и депутатхэр, УФ-м и Правительствэм хэтхэр, Конституционнэ, Ищхьэ судхэм я унафэщIхэр, губернаторхэр, Урысейм и хэгъуэгухэм я хабзэкъэгъэщI зэIущIэхэм я тхьэмадэхэр, хэгъуэгухэм я жылагъуэ палатэхэм я пашэхэр, СМИ инхэм я унафэщIхэр. Президентым и къэпсэлъэныгъэм къытеувыIащ ди къэралым и социальнэ политикэм ехьэлIауэ къэув къалэн нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэу, Путин Владимир къиIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ ди къэралым и демографие щытыкIэм, узыншагъэр хъумэным, псэупIэхэр ухуэным, ипотекэр цIыхухэмкIэ тыншыгъуэ яхуэщIыным, нэгъуэщIхэми яхуэгъэза упщIэхэр. КъинэмыщIауэ, экономикэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэм къытеувыIащ. — ПщIэ зыхуэсщI Урысейм и цIыхухэ! ПщIэ зыхуэсщI ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ! Дызыщыпсэу зэманым, тчы лъэбакъуэ, длэжь Iуэхугъуэ къэс мыхьэнэ зэриIэм хуэдэу, нобэрей Зыхуэгъэзэныгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, абы илъэси 10 ипэкIэ ди къэралым и гъащIэр зэрыхъунур игъэбелджылынущ. ЖысIэнщи, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ лъэхъэнэхэм Урысейм мызэ-мытIэу игъэлъэгъуащ зэрызиужьыфыр, зэрефIэкIуэфыр. А лъэхъэнэхэм щIыхэр нэгъэсауэ къигъэсэбэпащ, къалэхэр иухуащ, космосым зрипщытащ, къэхутэныгъэщIэхэр къигъэщIащ. №17 8.03.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "putin-vladimir-di-zekuetynyger-di-zyuzhynygem-i-labzhe-bydeshch.txt" }
Зыужьыныгъэмрэ хыхьэхэкIымрэ КъЧР-м и Правительствэм и Унэм накъыгъэм (майм) и 26-м щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ урысей хыхьэхэкIым и IэщIагъэ Махуэм. ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр НэкIухъу Алий, Министерствэм и IэщIа-гъэлIхэр, республикэм хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ и лэжьакIуэхэр. Къэрэшей-Черкес Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу щыткIэрэ, хыхьэхэкIым мыхьэнэшхуэ зэриIэр министрым и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ. — ХыхьэхэкIым и зыужьыныгъэм епхащ экономикэ зыужьыныгъэри, абы кIуэрабгъущIэхэр къыхуэдгъуэтынри, жылагъуэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ хуэIухуэ-щIэхэмрэкIэ къызэгъэпэща хъунри, цIыхухэм лэжьапIэ яIэнри… Хэгъуэгу властым и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщщ хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ защIэгъэкъуэныр, абыхэм я лэжьыгъэм гъуэгу етыныр. ЖыIэпхъэщи, республикэм хыхьэхэкIым зыщиужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэпымыууэ йокIуэкI, ар егъэфIэкIуэным теухуа политикэ мэлажьэ, — жиIащ НэкIухъу Алий. ЗэIущIэм хэта хыхьэхэкIырылажьэ куэд а махуэм ЩIыхь тхылъхэмкIэ къыхагъэщащ, Министерствэм къы-бгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр хыхьэхэкIым щылажьэ дэтхэнэми хуагъэфэщащ. ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "rashid-temrezov-poruchil-vnesti-dejstvennye-predlozheniya-v-plan-realizatsii-meropriyatij-antiterroristicheskoj-napravlennosti.txt" }
ЕГЭ-м, ГИА-м теухуауэ Къэрал экзаменхэр Мы гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 29-м нэгъунэ екIуэкIыну Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр е 9-нэ классхэм хэсхэм ятын щIадзащ. Абыхэм хамэбзэхэмкIэ гъэунэхуныгъэхэр къыщIадзащ. КъинэмыщIауэ, е 9-нэ классхэм щеджэхэм нэхъыбэу ятыну къыхахар обществознаниеращ — еджакIуэ 2600-м, биологиер — 2014-м, тхыдэр — 736-м, химиер — 613-м, географиер — 447-м. Экзаменхэр сыхьэтыр 10-м щIидзэнущ. ОГЭ-р зэрекIуэкIыну пIалъэр дерс къэскIэ хуагъэнэIуащ. Апхуэдэу есэпымкIэ, урысыбзэмкIэ, литературэмкIэ — сыхьэти 3-рэ дакъикъэ 55-кIэ; физикэ, обществознание, тхыдэ, биологие ОГЭ-хэр — сыхьэти 3-кIэ; информатикэр — сыхьэти 2-рэ дакъикъэ 20-кIэ; географие, химие, хамэбзэхэр («Говорение» Iыхьэр щымыхъукIэ) — сыхьэти 2-кIэ; хамэбзэхэр («Говорение» Iыхьэр)—дакъикъэ 15-кIэ екIуэкIынущ. 2017 гъэм ОГЭ-м и Iыхьэ нэхъыщхьэр накъыгъэм (майм) и 26-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм (июным) и 29-м нэгъунэ екIуэкIынущ. ЩекIуэкIыну махуэхэр ягъэнэIуащ. Апхуэдэу: накъыгъэм и 27-м (щэбэт)—хамэбзэхэр (инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ, испаныбзэ); накъыгъэм и 30-м (гъубж) — урысыбзэ; мэкъуауэгъуэм и 1-м (махуэку) — тхыдэ, биологие, физикэ, литературэ; мэкъуауэгъуэм и 3-м (щэбэт) — физикэ, информатикэрэ информатикэ-коммуникацэ технологиехэр (ИКТ); мэкъуауэгъуэм и 6-м (гъубж) — есэп; мэкъуауэгъуэм и 8-м—обществознание, географие, химие, информатикэрэ ИКТ-рэ. Мэкъуауэгъуэм и 19-29 махуэхэм ОГЭ-хэр екIуэкIынущ. Къэрал къэпщытэжыныгъэ аттестацэ (ГИА) хабзэхэм япкъ иткIэрэ, къытрагъэзэжу аттестацэ щащIыжыфынур фокIадэм и 1-м щегъэжьауэщ. Апхуэдэ хуитыныгъэ зыратыр: ГИА гъэунэхуныгъэхэм хэмытахэр, гъэунэхуныгъэ дерситIым пэмылъэщахэр, е къытрагъэзэжу экзаменым хэлэжьыхьа нэужьи зы дерсым е нэхъыбэм пэмылъэщахэр. КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу Тхыгъэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "rashid-temrezov-prinyal-uchastie-v-soveshchanii-pod-predsedatelstvom-sekretarya-soveta-bezopasnosti-rf-nikolaya-patrusheva.txt" }
«ЩIакхъуэм и уасэр» Фашистхэм къаухъуреихьа Ленинград къалэм блокадэр щытрахыжа махуэмУрысейм и хэгъуэгухэм «Блокадэ щIакхъуэ» акцэр щрагъэкIуэкIащ, а нэщIэбжьэр зэращымыгъупщар къагъэлъагъуэу. А акцэм къриубыдэу, Хьэбэз къуажэм дэт лицей-интернатым «Блокадный хлеб» фIэщыгъэцIэр зиIэ дерс зэIуха щекIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъащ Хьэбэз районым и ветеранхэм я Советым и тхьэмадэ Туаршы Назар, Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI ТуаршыЖаннэ, Ленинград кърашу, Беслъэней къуажэмщапIа Ивановэ Катя ипхъу Къэзэнокъуэ Зухра, нэгъуэщIхэри. Лицейм и е 11-нэ медицинэ классым хэс ныбжьыщIэхэм, Ленинград блокадэм хэхуэн къызыхудэхуа цIыхухэм я нэгу щIэкIар, абыхэм бэлыхьу ятелъар тхыдэм къыхэщыж хъыбархэмкIэ ягу къагъэкIыжащ, усэ гущIыхьэхэм къеджащ, теплъэгъуэхэр утыку кърахьащ. Къалэ – лIыхъужьыр фашистхэм къаухъуреихьари, дыхьи-дэкIи щымыIэу, а щытыкIэм махуэ 900-м зэрынэхьэскIэ ирагъэтащ… Официальнэ бжыгъэхэмкIэ абдеж щыхэкIуэдауэ къагъэлъагъуэ цIыху мин 630-м нэс. Ауэ, а бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэу, цIыху мелуан 1,5-м нэсу къаIуатэ. Блокадэр зэрыщыIа илъэсищым совет сэлэтхэмзэкъым ар пхыратхъыну зэрыхэтар. Ауэ ар щахузэфIэкIар 1944 гъэм, щIышылэм (январым) и 27-ращ. А пIалъэм къриубыдэу ленинграддэсхэм яшэчар нэгум къыщIэгъыхьэгъуейщ. «Блокадный хлеб» — сыт абы и мыхьэнэр? Абы и гугъу щащIащ дерс зэIухам деж. А зэман бзаджэм гъаблэм ихь цIыхухэм талонкIэ хуагуэшу щытащ щIакхъуэ Iыхьэ зырыз. Махуэ псом абыхэм арат яшхынуягъуэтыр. А щIакхъуэ Iыхьэм и цIыкIуагъыр зыхащIэн папщIэ, грамм бжыгъэкIэ гуэша Iыхьэхэр ныбжьыщIэхэмрэ хьэщIэхэмрэ иратащ. Абы цIыхур махуэ псом ирипсэуфыну фIэщ щIыгъуейщ… Дерс зэIухам кърагъэблэгъа Къэзэнокъуэ Зухра ныбжьыщIэхэм яжриIэжащ и анэ Катя Ивановэ, иужькIэ Уэхъутэ Фатимэ хъужам, и къекIуэкIыкIамрэ и гукъэкIыжхэмрэ… Катя псэуху и нэгу щIэкIакъым и сабиигъуэм илъэгъуа нэщIэбжьэ хьэлъэр. — Апщыгъуэм си анэр илъэсипщIым итт. Унагъуэ насыпыфIэу, сабииплIым адэ-анэр къащхьэщыту тхъэжу псэут. Ауэ, а зауэ бзаджэм унагъуэм и гъащIэр зэхикъутащ. Я адэр зауэр зэрыщIидзэу дзэм хыхьэри, щIэх дыдэ хэкIуэдащ. СабииплI къызыхуэна анэр, лъэкI къимыгъанэу, абыхэм я гъащIэр зэрихъумэным хэтащ. Махуэм езым кърат щIакхъуэ Iыхьэри и сабийхэм ятригуэшэжу хуэхьыху ирихьэкIащ. АдэкIэ, и къарум къызэримыхьыжым гу щылъитэм, сабийхэм я тхылъхэр зы ищIри иутIыпщащ, «щIэх явмыгъэцIыху сызэрылIэр, си щIакхъуэ Iыхьэри къыватыжынукъым» яжриIэри… ИужькIэ, сабийхэр «ГъащIэгъуэгумкIэ» къызэпхырашри къалэ къэухъуреихьам къыдашащ. Ауэ, абы ялъэгъуа гуIэгъуэр къэIуэтэгъуейщ, — гумэщIу и анэм и псалъэхэр игу къигъэкIыжащ Зухра. Беслъэнейдэсхэм а зэманым зэрахьа гуеигъэр тхыдэм къыхэнащ. Катя апщыгъуэм Уэхъутэхэ я унагъуэм ящтэри, зыми хуамыгъэныкъуэу япIащ. Езыри жьыщхьэ махуэ хъуху псэуащ, ауэ и нэгу щIэкIа гуауэр зэи щыгъупщакъым. Зухра къиIуэтэжа хъыбарым дерсым щIэсауэ хъуам я нэпс къригъэкIуащ. Къапщтэмэ, Катя и гъащIэр, абы теухуа хъыбарыр блокадэ гущIэгъуншэми зы Iыхьэ мащIэщ. Апхуэдэ цIыху гъащIэ дапщэ..? Дерсыр купщIафIэу, сабийхэм гупсысэ къызыхахыну зэрыщытар жаIащ хьэщIэхэм. Сабийхэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ апхуэдэ лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэрыхэлъркъыхагъэщащ. ФIыщIэ хуащIащ, ар нэгъэсауэ зыгъэхьэзыра, лицейм тхыдэмрэ обществэмрэкIэ и егъэджакIуэЕщрокъуэЗамирэрэ е 11-нэ медицинэ классым и унафэщI Сидакъ Эллэрэ. А махуэм лицейм и нэгъуэщI классхэми а Iуэхум теухуа класс лэжьыгъэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. Псори щыхьэт техъуащ илъэс 76-рэ зытекIыжа Iуэхугъуэ гущIыхьэр зыщыбгъэгъупщэ зэрымыхъунум. БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ. Сурэтхэр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ 27 января — день снятия блокады города Ленинграда. 76 лет назад была полностью снята блокада Ленинграда. Почти 900 дней и ночей во вражеском кольце. Сотни тысяч погибших, по некоторым данным, более миллиона от голода, холода, обстрелов… В этот день в лицее а.Хабез прошла акция «Блокадный хлеб». В 11 медицинском классе прошёл открытый урок, на котором рассказали о судьбах людей прошедших этот ад. Детям раздали по 125 грамм хлеба. Именно столько давали в то страшное время, за весь день одному человеку .
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "shchiakkhuem-i-user.txt" }
ЩIыхь утыкум Иджыблагъэ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм къипщытэжащ терроризмымрэ экстремизмымрэ пэщIэтыным, лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэм теухуа республикэ журналист зэхьэзэхуэхэр. Абыхэм щытекIуа журналистхэр ягъэлъэпIащ, щIыхь тхылъхэри хуагъэфэщащ. ЖыIэпхъэщи, мы гъэм мыпхуэдэ зэхьэзэхуэм зэхъуэкIыныгъэ гуапэхэр халъхьащ. Апхуэдэу, къапщытэжащ оператор, район СМИ, Интернет зэпыщIэныгъэ СМИ-хэм я лэжьыгъэхэр. Абдежми нэхъыфIхэр къыщыхагъэщащ. Псори зэхэту номинацэ 12-кIэ зэхьэзэхуэр къапщытэжащ. Терроризмым, экстремизмым пэщIэтыным теухуа лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къызыбгъэдэкIахэр щагъэлъэпIа пшыхьым къеблэгъащ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Къумыкъу Альберт. —Мы гъэр гъэунэхуныгъэ илъэс тхуэхъуащ псоми. Арами, илъэс къэси едгъэкIуэкI журналист зэхьэзэхуэм, абы къыхэжаныкIахэр гъэлъэпIэн хабзэфIым дытекIакъым. Терроризмымрэ экстремизмымрэ теухуа зэхьэзэхуэ Iыхьэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ лъэпкъ куэду зэхэт ди республикэм дежкIэ. Абыхэм пэщIэтынымкIэ республикэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Журналист лэжьыгъэхэри абыхэм ящыщ Iыхьэщ. Си гуапэщ къыхэзгъэщыну илъэс къэси зэхьэзэхуэхэм хэлэжьыхьым я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъури лэжьыгъэхэр нэхъ къазэрехъулIэри, —жиIащ министрым. Иужьым министрым щIыхь тхылъхэр яхуигъэфэщащ мы зэхьэзэхуэ Iыхьэм къыщыхэщахэм. «Газет тхыгъэ нэхъыфI» номинацэм ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым илъэс куэд хъуауэ щылажьэ журналист гуащIафIэ Дэбагъуэ Хьэтызэ къыщыхагъэщащ. Хьэбэз районым къыщыдэкI «События и люди» газетыр, абы и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм хэта Дэбагъуэ Михаили щIыхь утыкум ирашащ. Пшыхьым и кIэм министрым аргуэру зэ журналистхэм захуигъэзащ, узыншагъэ быдэ, гуащIэдэкI ехъулIэныгъэ, тхэн, къэгъэщIын гукъыдэж щымыщIэну яхъуэхъуу. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ягъэлъэпIащ «Межнациональные, межконфессиональные отношения» зэхьэзэхуэм щытекIуа журналистхэр, республикэм и печать, электроннэ СМИ-хэм я лэжьакIуэхэр. Пшыхьым и къызэгъэпэщакIуэу щытар КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэращ. Министерствэм къыбгъэдэкIыу, къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэхэмкIэ захуигъэзащ СМИ-хэм, жылагъуэм, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ Министерствэм и къудамэм и унафэщIхэм—Жантемыр Зурабрэ Коркмазов Артуррэ. —Мы илъэсыр хьэлъэурэ йокIуэкI. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр, псоми къызэрыдгурыIуэщи, коронавирус пандемиеращ. Апхуэдэ зэфIэзэрыхьыгъуэ пIалъэм нэхъри мыхьэнэ ин иIэщ лъэпкъхэр зэгурыIуэным, дин зэлъыкъуэтыныгъэм. КъинэмыщIауэ, лъэпкъ куэду зэхэт ди республикэмкIэ лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм куэд елъытащ. ПщIэ зэхуэщIыныр, зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр нэхъри гъэбыдэнымкIэ журналистхэм къалэнышхуэ яхь. Зэхьэзэхуэм къыщыфгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэри я купщIэкIэ зытеухуар аращ. ДяпэкIи нэхъри фи Iуэхухэм заузэщIыну, гуащIэдэкI ехъулIэныгъэхэр хэвгъэхъуэну дывохъуэхъу! ИлъэсыщIэм узыншагъэ быдэкIэ, фIэщхъуныгъэрэ гукъыдэжрэкIэ фыпежьэну!—жиIащ Министерствэм и IэщIагъэлIхэм. Лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм теухуауэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхагъэщащ пшыхьым. Апхуэдэу, щIыхь утыкум ирашащ «Черкес хэку» газетым жэуаплыгъэ зыхь и секретарь Абидокъуэ Люсанэ, газетым и журналист Туаршы Ирэ, штатым хэмыт, газетым и журналист Бемырзэ Зураб сымэ. Я цIэ ираIуащ лъэпкъыбзэхэмкIэ республикэм къыщыдэкI газет къэскIэ я журналистхэм, телевиденэм щылажьэхэм, операторхэм я цIэхэр. «ГТРК КЧР» телевиденэм и журналист Даур Фатими, а пшыхьым хэта дэтхэнэми и гуащIэдэкI ехъулIэныгъэ гуфIэгъуэр дыдогуэш, дяпэкIи нэхъри ефIэкIуэну дохъуэхъу! КъинэмыщIауэ, фIыщIэ псалъэхэр яхудогъэфащэ пшыхь хьэлэмэтхэм я къызэгъэпэщакIуэу щыта Министерствэм. ЖыIэпхъэщи, пшыхьхэр санитар-эпидемиологие шынагъуэншагъэ мардэхэм иту ирагъэкIуэкIащ. ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ. Сурэтхэр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "shchiykh-utykum.txt" }
ЩIыхькIэ гъэнщIа гъуэгу ЩIыхькIэ гъэнщIа гъуэгу Урысейм и ФАС-м и къудамэу КъЧР-м щыIэм и унафэщI Уракчиев Iэмин республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я журналистхэм илъэс икIам и кIэ махуэхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. Уракчиев Iэмин зэIущIэм и пэублэу журналистхэр щигъэгъуэзащ и IэнатIэм зэрытекIым. Абы и щхьэусыгъуэр Москва нэгъуэщI къулыкъу зэрыкIуэращ. ЖыIэпхъэщи, ари антимонопольнэ къулыкъущ. УФАС-м и хэгъуэгу къудамэр КъэрэшейЧеркесым къызэрыщагъэщIрэ, илъэс 28-рэ хъуауэ, абы и пашэу лэжьащ Уракчиевыр икIи и цIэ жаригъэIащ и лэжьэкIэфIкIэ, и гуащIэдэкI ехъулIэныгъэхэмкIэ. —Пэжыр жыпIэмэ, лэжьэн щыщIэздзам сэркIэ иджыри гурыIуэгъуэтэкъым си къалэнхэр, лэжьыгъэм и щытыкIэ псори. Апщыгъуэм хэгъуэгу 75-м къыщагъэщIа антимонопольнэ къулыкъухэм я унафэщIхэм тхьэмахуитIым къриубыдэу егъэджэныгъэ къыддрагъэкIуэкIауэ щытащ Сорбонэ, Гарвард щыщ IэщIагъэлIхэм. Еджэныгъэ нэужьым зачет дагъэтыжащ. ЖыIэпхъэщи, зэ щхьэкIэ абы псори пэлъэщакъым. Срогушхуэ апщыгъуэм зачетыр зэ тыгъуэкIэ зэрысхузэфIэкIам,—жеIэ Уракчиев Iэмин, лэжьэн щыщIидза илъэсхэр игу къигъэкIыжкIэрэ. Иужьым къулыкъум щылэжьэну цIыхухэр къищтащ. Илъэс 28-м къриубыдэу хэти IукIыжащ, хэти лэжьыгъэм хэзэгъащ, хэти къыгурыIуакъым. Ауэ, дауэ щымытми, Iэмин зэрыжиIащи, и насып къихьащ цIыху лэжьакIуэхэм, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыцIыхукIхэм ядэлэжьэн икIи дэтхэнэми фIыщIэ хуещI. —И пэжыпIэкIэ, ФАС-р властым телъэщIыхь къулыкъукъым, езыхэри дэ къыттелъэщIыхькъым. АбыхэмкIэ дэ—дышынагъуэщ. Апхуэдэу далъытэныр антимонопольнэ къулыкъумкIэ—щIыхьщ икIи си ужькIэ къытехьэным апхуэдэ щIыхьыцIэр ихъумэну, абы хуэфащэу лэжьэну согугъэ,—жиIащ Уракчиевым. Иужьрейуэ хэгъуэгу антимонопольнэ къулыкъур нэхъ тегъэчынауэ зи ужь ита Iуэхугъуэхэм, къайхъулIам, иджыри зытелэжьапхъэхэм къытепсэлъыхьащ, Уракчиевыр икIи журналистхэм я упщIэхэм жэуап иритащ. —Антимонопольнэ къулыкъум узэрыщылажьэ илъэс бжыгъэм къриубыдэу, сыт хужыпIэфын, ар сыт хуэдэ? —Антимонопольнэ лэжьыгъэр—текIуэныгъэхэм, утыку зыщыгъэфIэнхэм, зыгъэлъэгъуэныгъэхэм я къулыкъукъым. Махуэ Хэку зауэшхуэм хэта, Черкесск къалэм щIыхь зиIэ и цIыху Къуныжь Зэмэхъшэрий и фэеплъу республикэ къалащхьэм дэт е 7-нэ курыт еджапIэм «ЛIыхъужьым и партэ» («Парта героя») къыщызэIуахащ. А дауэдапщэр хэIэтыкIауэ еджапIэм щрагъэкIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ республикэ Купсэм и методист Псху Зое, «Зыуэ щыт Урысей» бэдаущ партым и хэгъуэгу исполкомым и унафэщIым и къуэдзэ Дзугаев Альберт, Черкъэс, сыхьэт къэс урысей сату экономикэм, сату зэныкъуэкъуныгъэм, хыхьэхэкIым, рекламэ Iуэхум, нэгъуэщIхэми хабзэр щыхъумэн, пэжыгъэр щызэфIэгъэувэн… Аращ ди лэжьыгъэр. Ар зыгуэрхэм ягу иримыхьми, захуагъэм дрителъхьэу ди лъэр дгъэуващи, дяпэкIи апхуэдэу щытыну согугъэ. —Зы лъэныкъуэкIэ—Къэрэшей-Черкесым и антимонопольнэ къулыкъур къызэрагъэщIрэ узэрылэжьа илъэс куэдыр, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ—Москва. А хэдэхэплъэм сыт хуэдэ щытыкIэ узыригъэувэр, сыт нэхъ къыхэпхыр? —Пэжыр жысIэнщи, си къулыкъур згъэтIылъын хуей щыхъунум сыпэплъащ, сыхуэхьэзырт. АтIэ, пэ зиIэм кIэ гуэри иIэн хуейщ. Зэгуэр ар къэхъун хуейт. Си ныбжькIи, хабзэм къызэригъэувым тепщIыхьмэ, уеблэмэ блэсхуащ мы къулыкъум и унафэщIу сыщытынымкIэ пIалъэр. Ауэ, сыхагъэдамэ, къыхэсхынур Москва сыщылэжьэнрат, пцIым сыт и фIагъ?! Антимонопольнэ къулыкъур си гъащIэм щыщ Iыхьэ зэрыхъуамкIэ сыарэзыщ,—жиIащ Уракчиевым. ЖыIэпхъэщи, Уракчиев Iэмин зэрылэжьа илъэс бжыгъэм къриубыдэу щIыхь утыку куэдым ихьащ, къэралым и нагъыщэ мащIэкъым къыхуагъэфэщар. Иужьрейхэм ящыщщ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хуигъэфэща, «Къэрэшей-Черкес Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIагъэхэм папщIэ» нагъыщэр. Ар Уракчиев Iэмин къилъэщащ и илъэс куэд гуащIэдэкIкIэ, абы щызыIэригъыхьэфа ехъулIэныгъэхэмкIэ, республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэмкIэ. Журналистхэр Уракчиевым ехъуэхъуащ IэнатIэщIэм дежи гуащIэдэкI ехъулIэныгъэрэ зэхэщIыкIыныгъэрэ щымыщIэну. ТУАРШЫ Ирэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "shchiykhkie-genshchia-guegu.txt" }
Шынагъуэншагъэр нэIэм щIагъэтщ Иджыблагъэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэ Черкесск щекIуэкIащ Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и секретарь Патрушев Николай зыхэта зэIущIэр. Ар егъэкIуэкIыныр зи жэрдэм къикIар УФ-м и Президент Путин Владимирщ. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щыIэ Бела венцев Олег, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Аристархов Владимир, УФ-м щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Потехинэ Иринэ, лъэпкъ IуэхухэмкIэ Федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь, щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ Федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Камаев Роман, хабзэхъумэ, щIэплъыкIыныгъэ, шынагъуэншагъэ къулыкъухэм я лIыкIуэхэр, Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр. №28 14,04,2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "shynaguenshager-neiem-shchiagetshch.txt" }
Шынагъуэншагъэр зэрахъумэм ШыщхьэIум (августым) и 22-м КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хэгъуэгум террорым пэщIэт и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ хэтхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, хэгъуэгум и унафэщIыр къытеувыIащ мыхьэнэшхуэ иIэу дызыхуэкIуэ махуэщIхэм: щIэныгъэм и Махуэм, террорым зэдебэнынымкIэ Махуэм, УФ-м щекIуэкIыну хэхыныгъэм, КъЧР-р илъэс 25-рэ зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэхэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, хэхыныгъэхэр фокIадэм (сентябрым) и 10-м екIуэкIынущ. — Мы гъэм и фокIадэ мазэм ди республикэм щекIуэкIыну апхуэдиз махуэщIым дэ нэхъри жэуаплыгъэ тхэлъыну къытхуегъэув республикэм щыпсэухэми, абы къеблэгъэну хьэщIэхэми, жылагъуэ-политикэ махуэщIхэм хэтынухэм я шынагъуэншагъэр нэгъэсауэ къызэдгъэпэщынымкIэ, — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. Нэхъыщхьэу Темрезов Рэшид къызытеувыIа упщIэр еджэгъуэ илъэсыщIэм хэгъуэгур зэрыхуэхьэзырыр, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр шынагъуэншэу къызэрызэгъэпэщаращ. Мы упщIэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ икIи республикэм ит еджапIэу хъуар еджэгъуэ илъэсыщIэм зэрыхуэхьэзырыр жиIащ. — ЕджапIи 178-рэ, сабий IуэхущIапIи 129-рэ, ику ит щIэныгъэ къыздыщIах IуэхущIапIэ 19, ищхьэ еджапIи 5, дополнительнэ щIэныгъэ здыщызэрагъэгъуэт IуэхущIапIэ 76-рэ, псори проценти 100-кIэ еджэгъуэ илъэсыщIэм хуэхьэзырщ. Дэтхэнэ IуэхущIапIэми зэгъэзэхуэжыныгъэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, еджапIэ пщIантIэхэр зэтрагъэпсыхьыжащ, медицинэ, шхапIэ IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ, еджапIэхэр зыхуэныкъуэ унэлъащIэ хьэпшыпхэр зыIэрыдгъэхьащ. Гулъытэ хэха хуэтщIащ мафIэсым, террорым пэщIэт IуэхугъуэхэмкIэ еджапIэхэр къызэрызэгъэпэщам, — къыхигъэщащ министрым. КъЧР-м и МВД-м и унафэщIым и къуэдзэ Гербеков Аслъэн къэпсалъэкIэрэ къытеувыIащ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ Министерствэм къепха къулыкъухэм ялэжь Iуэхухэм. Хэгъуэгум и Iэтащхьэм КъЧР-м и Правительствэм хэтхэм, къалэхэм, районхэм я администрацэхэм пщэрылъ яхуищIащ лъэпощхьэпо щыIэхэр зэман кIэщIкIэ IуагъэкIуэтыну, еджапIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр еджэгъуэ илъэсыщIэм зэнэгъэсауэ хуагъэхьэзырыну, щIэныгъэм и Махуэм сабийхэм, ныбжьыщIэхэм я шынагъуэн- шагъэр ткIийуэ я нэIэ щIагъэтыну. ИщхьэкIэ зэрыжытIауэ, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ фокIадэм и 10-м Урысейм щекIуэкIыну хэхыныгъэхэмрэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и махуэр гъэлъэпIэнымрэ пыщIа упщIэхэми. Иужьрей упщIэмкIэ къэпсэлъащ КъЧР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Абазалиевэ Ларисэ, КъЧР-м и МВД-м и полицэм и унафэщI IэнатIэм пIалъэкIэ пэрыт Эбзеев Руслан, УФ-м и МЧС-м и Управленэ Нэхъыщхьэу КъЧР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Немцов Виталий сымэ. ЗэIущIэм къыщаIэта упщIэхэмкIэ зэфIэхын хуей Iуэхухэм хуэгъэзауэ унафэ зыбжанэ къахьащ, пщэрылъхэри ящIащ. Хэхыныгъэр щекIуэкIыну щIыпIэхэм пэгъунэгъу уэрамхэм зэран мыхъуIауэ транспортыр щызекIуэным хуэгъэза Iэмалхэр къыхэлъытапхъэуи къалъытащ. КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "shynaguenshager-zerakhumem.txt" }
СКФО-м зеужь Ищхъэрэ Кавказ Мы гъэм и кIэм нэгъунэ Ищхъэрэ Кавказым и курыт еджапIэ 13-м еджакIуэхэм щIыпIэщIэ къыхузэрагъэпэщынущ. Абы папщIэ Урысейм и Правительствэм и резерв фондым сом меларди 3,7-рэ къыхагъэкIащ. №№96 25.1.2017 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, ди къэралым перинатальнэ IуэхущIапIэу 32-рэ щаухуэну траухуащ. 18-р нэгъабэ лъандэрэ мэлажьэ, мы гъэм апхуэдэ купсэ Налшык къалэм къыщызэIуахащ. Гектари 8-м тращIыхьа купсэшхуэр метр зэбгъузэнатIэ мин 35-рэ мэхъу, зэуэ бзылъхугъи 150-м Iуэхутхьэбзэ щагъуэтынущ, республикэм и дохутыр нэхъ Iэзэ дыдэхэр щылэжьэнущ. Мы IуэхущIапIэм нэхъ ин Ищхъэрэ Кавказым иткъым. №№96 25.1.2017
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "skfo-m-zeuzh.txt" }
Социальнэ хуэIухуэщIэхэр Къэрэшей — Черкесым и Правительствэр премьер-министр Уэз Аслъэн и унафэм щIэту хэплъащ мыхьэнэ зиIэ социальнэ Iуэху 17 — м. Правительствэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къащтащ «Об установлении в КарачаевоЧеркесской Республике размера предельной величины среднедушевого дохода для предоставления социальных услуг бесплатно на 2019 год» хабзэм и проектыр. Зи № 442 Федеральнэ хабзэм и 31-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм къызэрыщыгъэлъэгъуам ипкъ иту, цIыхум социальнэ хуэIухуэщIэхэр пщIэншэу хузэфIагъэкIын щхьэкIэ, социально — демографическэ гуп нэхъыщхьэхэм папщIэ Урысей Федерацэм и хэгъуэгум щыгъэува, зы цIыхум хуэзэ хэхъуэ нэхъыбэр цIыхур ирипсэуну зыхуэныкъуэ нэхъ мащIэм (прожиточный минимум) хуэдэрэ ныкъуэм и лъащIэ къех хъунукъым. Къэрэшей — Черкесым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Щай Мадинэ зэрыжиIамкIэ, Къэрэшей — Черкес Республикэм деж социальнэ хуэIухуэщIэхэр пщIэншэу хузэфIагъэкIын папщIэ цIыхум иIэпхъэ ику ит хэхъуэм и инагъыр сом 11296,5 -у ягъэуващ. Социальнэ хуэIухуэщIэхэр ялъысы нущ зи хэхъуэр сом 11296, 5-м фIэмыкI цIыху хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ (инвалиды). Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм хэтхэм апхуэдэ къабзэу къахьащ «Об утверждении минимального размера взноса на капитальный ремонт общего имущества в многоквартирных домах на 2019-2021 годы на территории КарачаевоЧеркесской Республики» унафэр. КъЧР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-кIэ и министрым и къуэдзэ Батчаевэ Зульфирэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ, мы проектымкIэ ягъэув Къэрэшей-Черкесым и щIыналъэм 2019-2021 гъэхэм щекIуэкIыну капитальнэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэм щхьэкIэ фэтэр куэд хъу унэхэм щыпсэу цIыхухэм зы метр зэбгъузэнатIэм хуэзэу соми 5,8-рэ ятыну. Къыхэдгъэщынщи, мы IуэхумкIэ нэхъ мащIэу ятым илъэс зыбжанэ хъуауэ зихъуэжакъым. Абы къинэмыщIауэ, къащтащ «О порядке организации и проведения рейтингового голосования по отбору общественных территорий муниципальных образований, подлежащих благоустройству в первоочередном порядке» унафэр. Апхуэдэ къабзэу, Правительствэм хэтхэм къащтащ «Об утверждении Положения об организации общественных работ в 2019 году» унафэм и проектыр. КъЧР-м цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал къулыкъум и унафэщIым и къуэдзэм и псалъэхэм къызэрыхигъэщам тепщIыхьмэ, унафэр къащтащ социальнэ — сэбэп унэтIыныгъэ зиIэ жылагъуэ Iуэху лIэужьыгъуэхэр белджылы ящIын, лэжьапIэншэхэр, лэжьапIэ лъыхъуэ цIыхухэр IэнатIэкIэ пIалъэкIэ къызэрагъэпэщын, мылъку дэщтэныгъэ ятын, лэжьапIэ куэд щIауэ зимыIэ е гъащIэ зэхэщIыкI зыхуримыкъу цIыхухэр лэжьэным драгъэхьэхын, щIалэгъуалэм гуащIэдэкI лъэкIыныгъэхэр къыхузэрагъэпэщын, пIалъэкIэ лэжьакIуэ хуэныкъуэ щIыналъэхэмрэ организацэхэмрэ зыщIэупщIэхэмкIэ ирагъэкъун, гъатхэ — гъэмахуэ пIалъэм предприятэхэм сезон лэжьакIуэхэмкIэ яIэ щыщIагъэр ягъэмэщIэн щхьэкIэ.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "sotsialne-khueiukhueshchiekher.txt" }
Социальнэ лъэныкъуэм щIагъэхуэбжьэнущ УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм хабзэ хъуауэ хуигъакIуэ Зыхуэгъэзэныгъэр Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мазаем (февралым) и 20-м ищIащ. Къэралым и Президентым гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуищIар цIыхухэм я хьэлэмэтхэр, псэукIэр, социальнэ гъащIэр хъумэнращ, егъэфIэкIуэнращ, абыхэм яхуэгъэза Iэмалхэр лэжьыгъэм къыхэлъытэнращ. Къэралым и социальноэкономикэ зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ УФ-м и Президентым игъэува къалэн нэхъыщхьэхэр: Социальнэ лъэныкъуэмкIэ: — ЦIыхухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм хуэгъэзауэ ялэжь Iуэхухэм адэкIи пыщэн, 2024 гъэм ехъулIэу. — Сабийхэм папщIэ ахъшэ зратхэр (къызэщIиубыдэ гупхэр) нэхъыбэ щIын — унагъуэм щIэс зы цIыхум и хэхъуэр «прожиточный минимум»-м нэхъыбэ мыхъумэ, абыхэм щегъэжьауэ «прожиточный минимум»-м хуэдитI нэхърэ нэхъ мащIэ къэзыхьхэм (зы цIыхум) деж щыщIэкIыжу. —Сабий зэрыс унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэхэмкIэ хуэгъэкIуэтэныгъэхэр япэ илъэсхэм къыщымыувыIэу, ипотекэ пIалъэм зэрыщыту къыхалъытэу гъэпсын. — Сабий сэкъатхэм, зэрыцIыкIу лъандэрэ япэ ныкъуэдыкъуагъ группэ зиIэ сабийхэм зэракIэлъыплъым папщIэ ят ахъшэр хуэдитIкIэ хэгъэхъуэн. — ЩIыгум техуэу ят хьэкълыкъыр зэрыхэхъуэр зы гъунапкъэм (проценти 10 — м) щыIэу гъэпсын. —Сабиищ е нэхъыбэ зиIэ унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэр ирапшынын щхьэкIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мин 450-рэ ятын, ямыгъэIэпхъуэ мылъкум (недвижимое имущество) техуэ хьэкълыкъымкIэ хуэгъэкIуэтэныгъэр нэхъыбэ щIын, соти 6-м нэс щIыгу кIапэ зиIэхэм я хьэкълыкъыр ящхьэщыхын. —Пенсэхэмрэ мазэ къэс ят ахъшэхэмрэ зэрыхагъахъуэр (индексацэ) пенсионерыр ирипсэун папщIэ зыхуэныкъуэ нэхъ мащIэм (прожиточный минимум) щхьэдэхыу щытын хуейщ. — Гулъытэ егъэгъуэтын тхьэмыщкIагъэр щымыгъыIэжыным, хэхъуэ зи мащIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ социальнэ контракт Iэмалыр зыгъэIэрыхуэ хэгъуэгухэм ядэщтэн. — ЗэхэтыкIэ тэрэз щызэфIэгъэувэн щIыхуэ мыинхэр здат (микрокредитование) утыкум. — Ипотекэ каникулхэр къахузэгъэпэщын хэхъуэ зимыIэж унагъуэхэм. — Уней псэупIэ ухуэныгъэхэм ядэзыщтэ программэ зэхэлъхьэн. — Хэгъуэгухэм медицинэ IэщIагъэлIхэр къызэрыкIуэр щIэгъэхуэбжьэным хуэунэтIа «Земский доктор» программэм хыхьэхэм яхуэгъэзауэ щыIа ныбжь пыбзыкIыныгъэхэр гъэкIуэдыжын, дохутырхэм сом 1 мелуан, фельдшерхэм сом мин 500 ятын. —«Земский учитель» программэр зэхэлъхьэн. —Паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм теухуа Хабзэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ щIэх къэщтэн. — Гъунэгъу илъэси 6-м къриубыдэу онкологие узыфэхэм пэщIэтыным сом зы триллион мынэхъ мащIэу хуэутIыпщын. — ЕджапIэхэр гъэплъынымрэ псыкIэ къызэгъэпэщынымрэ япха Iуэхухэр илъэситI пIалъэкIэ зэфIэхын. —ПIалъэншэу хьэкълыкъыр ящхьэщыхын медицинэ, егъэджэныгъэ организацэхэм я хэхъуэхэм (апхуэдэ хуэгъэкIуэтэныгъэхэр щыIэххэщ, ауэ абы и пIалъэр 2020 гъэм еух). —УхуакIуэхэм я хэхъуэмрэ НДС-мрэ ятехуэ хьэкълыкъыр ящхьэщыхын, абыхэм къэралым е муниципалитетхэм иратыну социальнэ псэуалъэхэр яухуэмэ. — ИлъэситIым къриубыдэу зэхуащIыжу ягъэкъэбзэжын (рекультивировать ящIыжын) хуейщ къалэхэм хиубыдэ икIи Iуэхугъуэ хьэлъэхэр зыпыщIа пхъэнкIий идзыпIэ ин 30 — р, илъэсихым къриубыдэу — адрей къэнэжахэр. ЗэхэтыкIэ тэрэз щыгъэпсын пхъэнкIийм зэрелэжьымрэ ар зэрыхыфIадзэмрэ. ЩIыуэпсым къыхуахь хэщIыныгъэхэр гъэмэщIэнымкIэ жэуаплыгъэм егъэзын промышленнэ предприятэхэр икIи къэрал Думэм и гъатхэ сессием деж Хабзэ къэщтэн зэран къэзыхь пхъэнкIийуэ ирадзыр зы жыпхъэм игъэувэным теухуауэ. — Урысей щIыуэпс продукцэ къабзэм и бренд хъума къэгъэщIын. — Къэрал компаниехэр щыщахуэкIэ (закупки), нэхъапэу гу лъатэн хуейщ Урысей предприятэхэм. — Лъэпкъ хьэрш купсэ къызэгъэпэщын икIи спутник гупхэм я лъэкIыныгъэхэр хуэдэ бжыгъэкIэ хэгъэхъуэн. ХыхьэхэкI Iуэхум (бизнесым): —Бизнес тэмэмыр хабзэ «статьям щIэту» къикIухьын хуейкъым. Нэхъ мащIэ щIын хуейщ экономикэ ущхьэгъукIэ яубыдахэм я Iуэхухэр зэрызэхагъэкIымрэ зэраIыгъымрэ пIалъэкIэ зэрагъэкIыхьыр. — 2021 гъэм щегъэжьауэ «существующие нормативные акты в сфере контроля и надзора, обновив за оставшееся время нормативную базу» щытыкIэр Iуахыжын хуейщ. — Бжыгъэм тещIыхьа (цифровой) платформэ къызэгъэпэщын, хыхьэхэкIым зэрытракъузэм теухуа хъыбархэр хэIущIыIу щащIу. —Хабзэ зэхэтыкIэр зэрыщыту тегъэпсыхьын хуейщ технологие щытыкIэщIэм, бжыгъэ (цифровой) экономикэм и IэнатIэр зыхуэныкъуэ хабзэ проектхэр щIэгъэпсынщIауэ къэщтэн… Аращ нэхъыщхьэу УФ-м и Президентым къыхигъэща лъэныкъуэхэр. Мы зэIущIэм щыIа делегацэм я пашэу УФ-м и Президентым и Зыхуэгъэзэныгъэм щIэдэIуащ Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. ИкIи, УФ-м и Президентым и Зыхуэгъэзэныгъэм хэгъуэгум и Iэтащхьэр къытеувыIащ. Зыхуэгъэзэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа щытыкIэхэр гъэзэщIэным набдзэгубдзаплъэу, гумызагъэу, Iуэху зэхэщIыкI ин хэлъу бгъэдыхьэн хуейуи къилъытащ. — Зы лъэныкъуи къэнакъым ди къэралым и Iэтащхьэр къытемыувыIауэ. Мыбы нэхъ мыхьэнэ иIэщ жыпIэу зыгуэр къыпхухэгъэщхьэхукIынукъым. Гулъытэ куэд лъигъэсащ демографие щытыкIэр егъэфIэкIуэным, сабий зэрыс унагъуэхэм ядэIэпыкъуным. Лъэпкъ проектхэм я къэухьхэм иту дгъэзэщIэну Iуэху куэдым къинэмыщIауэ, Президентым аргуэру къалэн зыбжанэ къытхуигъэуващ къэралым сабийуэ къыщыхъум и бжыгъэм хэгъэхъуэным хуэгъэзауэ. Абы хохьэ пособэхэр ин щIыныр, хьэкълыкъ хуэгъэкIуэтэныгъэхэр, сабий куэд зэрыс унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэр яхуэпшыныныр, сабий IыгъыпIэхэмрэ еджапIэхэмрэ ухуэныр. Ди хэгъуэгум деж дэ нэгъэсауэ къыдгуроIуэ сыт хуэдэ социальнэ, инфраструктурэ IуэхущIапIэ дэнэ деж щыдухуэнуми, сабий куэд зэрыс унагъуэхэм сыт хуэдэ IэмалхэмкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ ялъыдгъэсынуми. Ауэ Президентым мы Iуэхухэм я деж пыбзыкIыныгъэ щищIакъым. Апхуэдэу, анагъэмрэ сабиигъуэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэр нэхъри фабгъуэу къыщагъэсэбэпынущ федеральнэ утыкуми, хэгъуэгухэм дежи. Президентым къызэрыхигъэщащи, ар дыдэр яхужыпIэ хъунущ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм епха IэнатIэхэми, щIыуэпсым, псэупIэ — коммунальнэ хъызмэтыр модернизацэ щIыным. Абы хуэунэтIащ лъэпкъ проектхэр. КъызытеувыIар щIигъэбыдэж щIыкIэу, къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ федеральнэ, хэгъуэгу къэрал унафэщIхэр, щIыпIэ унафэщIхэмрэ жылагъуэ организацэхэмрэ зэгурыIуэныгъэ яку дэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Урысейм и Президентым пщэрылъ къытхуищIар — ди лэжьыгъэр зэрыдгъэзэщIэным и унафэщ. ИкIи, абы дытемыкIыу дылэжьэнущ, — жиIащ Темрезов Рэшид. Тхыгъэр зыгъэхьэзырар ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "sotsialne-lenykuem-shchiagekhuebzhenushch.txt" }
Стадион нэхъыщхьэр Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и стадион нэхъыщхьэм щыIащ. Абы зригъэлъэгъуащ «Нарт» стадионым щекIуэкI зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр здынэсар. Спорт IуэхущIапIэр зэраухуэрэ илъэс 40 мэхъури, абы лъандэрэ ремонт лэжьыгъэ мыбдеж щрагъэкIуэкIакъым. Темрезов Рэшид и унафэкIэ, республикэм и Правительствэм мы спорт IуэхущIапIэр «Развитие физкультуры и спорта РФ» федеральнэ программэм хигъыхьэн папщIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. Программэм ипкъ иту «Нарт» стадионыр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ республикэм мылъку къыхуаутIыпщынущ. Республикэм и стадион нэхъыщхьэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ. Апхуэдэу, цIыху мини 10-м нэс зытехуэну тIысыпIэхэм (трибуны) къыщыщIэдзауэ спортсменхэм зыздагъэсэну спортзалым щыщIэкIыжу зэрагъэзэхуэнущ. Футбол джэгупIэр мы зэманым тегъэпсыхьауэ ящIынущ. Абы и хъуреягъыр спортсменхэр здызэдэжэну гъуэгуу ягъэпсынущ. КъинэмыщIауэ, стадион кIуэцIым баскетбол, волейбол утыкухэр къыщызэрагъэпэщынущ. «Нарт» стадионыр къиплъыхьа нэужь, Темрезов Рэшид мыбдеж щекIуэкI IуэхугъуэхэмкIэ жэуаплыгъэ зыхь, Правительствэм хэтхэм пщэрылъ зэхуэмыдэхэр яхуищIащ. КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "stadion-nekhyshchkher.txt" }
Сыт зищIысыр «кредит каникулыр»? Къэрэшей-Черкес Республикэм щыпсэу куэдым ипо­текэ, потребительскэ кредиту къащта щIыхуэр ятыж. Иужьрей мазэхэм коронавирус узым и ягъэкIэ къэралыр, ди хэгъуэгури абы яхэту, зыхэхуа хьэлэбэлыкъхэм ящыщщ цIыхухэм я хэхъуэр зэрекIэкIуар, зыфIэкIуэдыпахэри зэ-рыщыIэр. Апхуэдэ щытыкIэм, зыхатыкIын хэхъуэ зэрамы-Iэм къыхэкIыу, щIыхуэхэр ямытыф хъуащ. ДяпэкIэ а щIы-хуэр дауэ зытрагъэкIыжыну, мы Iуэхум сыт и Iэмал? Мыпхуэдэ упщIэхэмкIи, цIыхухэм кредитхэр япшы­ныжынымкIэ къэралыр дэIэпыкъуэгъу къазырахуэхъу­фынум, щIыхуэ лей къатемынэу Iуэхум къызэрыхэкIы­фынум, «кредитные каникулы» пIалъэмкIэ, нэгъуэщI­хэмкIи ди псэлъэгъущ Къэрэшей-Черкес Республикэм щы-лажьэ ЦIыхубэ Банкым и унафэщIым и къуэдзэ Тотор-куловэ Эльверэ. —Сыт «кредитные каникулы» жыIэгъуэм къикIыр, сыт ар цIыхум къызэрыщхьэпэнур, хэт ар къэзыгъэ-сэбэпыфынур? —«Кредитные каникулы» жыхуиIэм къикIыр илъэс ныкъуэ пIалъэкIэ цIыхум кредитыр имыпшыныну лъэ-кIыныгъэрэ хуитыныгъэрэ зэригъуэтращ. Апхуэдэ «ка­никул» къратыну хуеймэ, цIыхум банкым зыхуигъазэ хъунущ 2020 гъэм и фокIадэ (сентябрь) мазэм и 30-м нэгъунэ, щыхуей дыдэ махуэм. Ауэ, гу зылъытапхъэщи, «кредит каникулыр» псоми ираткъым. Ар ират: кредит, займ зытелъ цIыхум и иужь-рей мазэ хэхъуэр 2019 гъэм ику иту мазэм къыхэхъуауэ щытам елъытауэ процент 30-кIэ хэщIамэ. Апхуэдэ щы­тыкIэр дэфтэрхэмкIэ щIигъэбыдэн хуейщ. —ЦIыхум «кредит каникул» къратыныр телъ кре-дит лIэужьыгъуэм елъыта? —«Кредитные каникулы» хабзэм къару игъуэтащ мы гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и пэм щегъэжьауэ. Ар ехьэлIащ сыт хуэдэ кредит, займ лIэужьыгъуэми, ахэр банкхэм, микрофинанс организацэхэм (МФО), кредит, потребительскэ кооперативхэм (КПК) къащтауэ щытмэ. КъинэмыщIауэ, кредитыр тынымкIэ заемщикым пIа-лъэр хуагъэкIуэтэн папщIэ, ахъшэу банкым къыIрихар бжыгъэ гъэнэIуам и пщэ мыкIуэу щытыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, автокредитыр нэхъыбэ дыдэу сом мин 600-м щхьэдэх хъунукъым, кредит картэкIэ—сом мини 100-м. Ахъшэ Iэрылъхьэу потребительскэ кредиту физическэ цIыхум къищтар сом мин 250-м, уней хьэрычэтыщIэ­хэм—мин 300-м фIэкIын хуейкъым, «кредит каникул» банкым къаритын папщIэ. —Унагъуэм и хэхъуэм и нэхъыбэр здэкIуэ ипо­текэ кредитыр мазэ къэс тыжын Iуэхур дауэ хъуну? —КъЧР-м щыпсэууэ ипотекэ кредит зытелъхэми яхьэ-лIауэ «кредит каникулхэр» лэжьэнущ. Абыхэми апхуэ­дэу илъэс ныкъуэкIэ кредитыр тыжын къалэныр щхьэ-щах. Абы папщIэ, мы хуэгъэкIуэтэныгъэр цIыху нэхъыбэм къагъэсэбэпыфыныр я мураду, Правительствэм «кредит каникулхэр» зытехуэ ипотекэ ахъшэ мардэ игъэуващ. Ар ди хэгъуэгумкIэ сом мелуани 2-щ. ЦIыхум телъ ипоте-кэр нэхъыбэмэ—«ипотекэ каникул»-м щIэлъэIуу банкым зыхуигъэзэнкIэ хуитщ. Апхуэдэ хуэгъэкIуэтэныгъэр банк-хэм ят илъэс кIуам икухэм щегъэжьауэ. КъинэмыщIауэ, «кредит каникул» хуэгъэкIуэтэ­ныгъэр зэ къэзыщтэу къэзыгъэсэбэпагъэххэм, корона­вирусым и ягъэкIэ зи хэхъуэр зыфIэкIуэдахэм етIуанэуи «каникул» къащтэнкIэ хуитщ, хабзэщIэм ипкъ иту. Гу зылъытапхъэщи, «ипотекэ, кредит каникулхэм» теухуа щытыкIэхэр, зэгурыIуэныгъэхэр зэмылIэужьыгъуэщи, абыхэм набдзэгубдзаплъэу фахущыт, зыщывгъэгъуазэ. —«Кредит каникул» хуэныкъуэ хъуа цIыхум, уна­гъуэм банкым сыт хуэдэ дэфтэр, сыт хуэдэ пIалъэм къриубыдэу ирихьэлIэн хуей? —Дэфтэрхэр зэгъэуIуауэ щытыпхъэщ. Абыхэм ящыщщ больничнэ тхылъыр, гуащIэдэкIбиржэм и нэIэм узэры­щIэувамкIэ справкэр, хьэкълыкъ къулыкъум къыщыщIэ-пха справкэр, нэгъуэщIхэри. Фызыхуэныкъуэну дэфтэрхэр кредит къывэзытам деж щывгъэнэIуэфынущ. Языныкъуэ-хэм деж банкым, МФО-м, КПК-м езыхэм къулыкъу зэхуэ-мыдэхэм щIэупщIэныгъэхэр ирагъэхьри, къацIыху кре­дит зытелъ цIыхум «кредит каникул» иратын хуэфащэрэ-хуэмыфащэрэ, и хэхъуэр, хэщIыр зыхуэдизыр. Апщы-гъуэм деж, хабзэм къигъэув хуитыныгъэхэм япкъ иткIэрэ, дэфтэрхэр ярихьэлIэн хуейкъым. ЛъэIу тхылъыр щитам щегъэжьауэ махуэ 90-м къриубыдэу, щIыхуэ зытелъым тхылъхэр банкым хуригъэхьыну хуитщ. Апхуэдэ пIалъэ кIыхьыр зытещIыхьар цIыхум и хьэлэмэтращ: зэрысы­маджэм, нэгъуэщIщхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу, лъэIу тхы-лъым щIыгъуу и дэфтэрхэр банкым игъуэу ирихьэлIэну лъэкIыныгъэ имыIэнкIэ зэрыхъунуращ. Ауэ, дауэ щытми, дэфтэрхэмрэ лъэIу тхылъымрэ къызэкIэрымыхуу, кIыхь-лIыхь мыхъуу Iуэхур зэрахуэмэ нэхъыфIщ. ЩIэплъыкIы-ныгъэхэм къадэкIуэу, щIыхуэ зытелъым и Iуэхухэр, и хэхъуэхэр жыхуиIа щытыкIэхэм зэрекIур щIэмыгъэбы-дамэ, дэфтэрхэр щIымыгъумэ, «каникулри» кърамытын-кIэ, е ягъэкIуэтэнкIэ мэхъу. Апщыгъуэм деж имыта креди-тыр итыжынущ, имытыхункIэ къытехуа процентри щIы-гъуу. Абы къыщымынэу, «кредитная история» жыхуаIэ бюром и хъыбарылъэм ихуэнущи, дяпэкIэ а цIыхум кредит къыхущIэхыжынукъым, къратыжынукъым. Ара-щи, «кредит каникул» щIэлъэIум зэхуихьэсыпхъэ дэф-тэрхэр нэхъ псынщIэу зэфIигъэкIмэ езымкIэ нэхъыфIщ. Кредит зытыр «каникул» Iуэхум махуи 5-м къриубыдэу хоплъэ. —Дауэ щытми, кредит зытелъ цIыхум «кредит каникул» къыщищтэкIэ гу зылъитапхъэ, зыхуэсакъы-пхъэ лъэныкъуэхэр щыIэу къыщIэкIынщ. Сыт хуэдэ ахэр? —Зыщагъэгъупщэн хуэмейр аращи, каникулхэр къы-зэрыратыр илъэс ныкъуэщ, мазэ бжыгъэщ. КредитымкIэ, займкIэ щIыхуэ гуэр, пеня, тезыр, неустойкэ зэтевгъэ-хъуамэ, ахэри «кредит каникул» хуэгъэкIуэтэныгъэ пIа-лъэм къызэтрагъэувыIэ, ахэр хэхъуэнукъым. Ауэ зыщы-бгъэгъупщэ хъунукъым щIыхуэм техуэ процентыр къы-зэрабжыр. Ар сатыр щхьэхуэу къыхагъэщынущи, абы халъхьэжынущ тезырхэри, пеняхэри, апхуэдэхэр «каникул-хэм» ипэ къихуэу фтелъамэ. ХуэгъэкIуэтэныгъэ пIалъэр иуха нэужь кредитыр зэ-рызытевгъэкIыну щIыкIэр фтелъ кредит лIэужьыгъуэм елъытащ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, «кредит каникулыр» иуха нэужь, илъэситIым къриубыдэу щIыхуэр кредит картэкIэ птыж хъунущ. Потребительскэ, ипотечнэ, авто-кредитхэмкIэ «кредит каникул» мазэхэм зэтехъуа щIы­хуэр птыж хъунущ гъэнэIуа тыныгъэ псори (плановые выплаты) зэфIэкIа нэужь. Iуэхур евгъэжьэным и пэ къихуэу, «кредит каникулхэр» къыватыным къигъэув щытыкIэхэм фытехуэ-фытемы­хуэр зэхэвгъэкI. Фи щхьэ закъуэкIэ ар фхузэфIэмыкIрэ—зыхуэвгъазэ кредит зыт къулыкъум. Урысей Банкыр чэнджэщэгъу къыфхуохъу: «кредит каникулыр» къэвгъэсэбэпыным и пэ къихуэу, банкым зыхуэвгъазэ кредит тыгъуэхэр фхузэригъэзахуэу, фи хьэ-лэмэт къыхилъытэу, фи фейдэр реконструкцэ фхуищIыну. Дызэрыува щытыкIэр банкхэми къагуроIуэ икIи цIыхум ифIзэрахуэ, гъащIэм щытыкIэ хьэлъэм иригъэувам, кре-дитыр зыхуэмытыжым зыщIагъакъуэ. ТУАРШЫ Ирэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "syt-zishchiysyr-kredit-kanikulyr.txt" }
ТекІуэныгъэм и Махуэм Махуэшхуэм и щІыхькІэ Урысей Федерацэм накъыгъэм (майм) и 9-м игъэлъэпІащ Хэку зауэшхуэм ТекІуэныгъэр къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 76-рэ зэрырикъуар. МахуэщІ зэхыхьэхэмрэ пэкІухэмрэ къэралым и хэгъуэгу псоми щекІуэкІащ. Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалэ, район псори щагъэлъэпІащ ТекІуэныгъэм и Махуэр. Республикэм и къалащхьэм махуэщІ Іуэхугъуэхэр щыщІидзащ ТекІуэныгъэм и паркым. КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦІыхубэ ЗэІущІэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн, УФ-м и Федеральнэ ЗэІущІэм федерацэмкІэ и Советым Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкІыу хэт сенаторхэм, къару, хабзэхъумэ къулыкъухэм, КъЧР-м и Парламентым, Правительствэм хэтхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лІыкІуэхэм «Ену блэ мафІащхьэ» мемориал комплексым удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ тралъхьащ, я щхьэ хуагъэщхьащ ди хэкуэгъу-зауэлІхэу зауапІэ фронтхэм зи щхьэ щызыгъэтІылъахэм, уІэгъэхэм зи гъащІэ ихьахэм, хъыбарыншэу зауэм хэкІуэдахэм. Зауэм зи гъащІэ зэпиуда зауэлІхэм, ди лъэпкъэгъухэм, хэкуэгъухэм я щІыхькІэ фочхэр щэнейрэ драгъэуеящ. ТекІуэныгъэм и илъэс 76-м и щІыхькІэ КъЧР-м и къалэхэм, къуажэхэм, район къэскІэ щыІэ фэеплъхэм удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ щагъэтІылъащ. Черкесск щекІуэкІа махуэщІ Іуэхугъуэхэм къалэм и утыку нэхъыщхьэм щыпащащ. ПэкІум къекІуэлІащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, зауэм хэтахэр, зыгъэзащІэ, хабзэхъумэ властхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкІа лІыкІуэхэр, къалэдэсхэмрэ хьэщІэхэмрэ. Республикэм и военнэ комиссар Белобородов Сергей КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид хуищІа рапортымкІэ щигъэгъуэзащ псори пэкІум зэрыхуэхьэзырым. Иужьым утыкум къырахьащ УФ_м, ТекІуэныгъэм, КъЧР-м я Ныпхэр. Утыкум щеувэкІа сатырхэм абыхэм зыдагъэжащ. ПэкІур къызэІуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэрэшей-Черкес Республикэмрэ я Гимн уардэхэмкІэ. Къызэхуэсахэм сэламрэ хъуэхъу псалъэхэмрэкІэ захъуигъэзащ Темрезов Рэшид. —Илъэсхэр макІуэ, щІэблэм щІэблэ къыкІэлъокІуэ, ауэ дигухэм ихукъым ди хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ, щІыхьымрэ пщІэмрэ къэзыхъума лІыхъужьхэм я лІыгъэ уардэр. Фэеплъыр яхъумэнущ къытщІэхъуэ щІэблэми, абыхэм къакІэлъыкІуэнухэми. Зэгуэрми тщыгъупщэнукъым ТекІуэныгъэр къэзызэуа щІэблэ хахуэр, зауэм хэкІуэдахэр, мафІэ лыгъейм къыхэкІыжу псэууэ къэзыгъэзэжахэр, тылым щылэжьахэр, зауэр зэрекІуэкІа жэщ-махуэ 1418-м къриубыдэу ТекІуэныгъэм хуэпабгъахэр. Дэ ди къалэнщ ди нэхъыжьыфІхэм ди къэкІуэным щІата пщІэр тцІыхуныр, фэеплъу тхъумэныр. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым я гъащІэ емыблэжу ТекІуэныгъэр абыхэм къызэрахьар, щІыхьым, нагъыщэм емыгупсысу Хэкум и цІэкІэ зэрызэуар, Москва, Сталинград, Курск, Орел, блокадэ Ленинград, нэгъуэщІ къалэ, щІыпІэ куэдым лъы зэрыракІутар, Берлин хуэкІуэ лыгъей гъуэгур зэракІуар. Ар ди адэшхуэхэращ, ди анэшхуэхэращ, ахэр къэзылъхужа нэхъыжьхэращ. Ахэр сыт щыгъуи щапхъэгъэлъагъуэу диІэнущ, псэемыблэжыныгъэмрэ Хэку фІылъагъуныгъэмрэ икърарымрэ я нагъыщэу къыддекІуэкІынущ!֫—жиІащ Темрезов Рэшид и къэпсэлъэныгъэм деж. Хэгъуэгум и Іэтащхьэм иджыри зэ къызэхуэсахэм ягу къигъэкІыжащ Хэку зауэшхуэм и фронтхэм Іута зауэлІ мелуан 27-м Къэрэшей-Черкес Республикэм и къуэ, ипхъу хахуэхэри зэрахэтар. Республикэм икІыу зауэм дэкІа мин 46-м и зэхуэдитІым къагъэзэжакъым. А псалъэхэм къакІэлъыкІуэу, къызэхуэсахэр зэщІэтаджэри, дакъикъэкІэ щыму щытащ. —Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр—ди адэшхуэхэм, дадэжьхэм яхуэфащэ щІэблэу дунейм дытетынращ, абыхэм я лІыгъэм теухуа пэжыр тхъумэу, къытщІэхъуэ щІэблэм янэтхьэсынращ. Псоми сывохъуэхъу ТекІуэныгъэм и Махуэм и щІыхькІэ! ПщІэ зыхуэтщІхэ, фронтым Іутахэм, тылым щылэжьахэм, ветеранхэм сывохъуэхъу узыншагъэ быдэкІэ, гъащІэ кІыхькІэ, мамырыгъэрэ угъурлыгъэрэкІэ, зэІузэпэщкІэ,—жиІащ КъЧР-м и Іэтащхьэм. Къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэхэмкІэ захуигъэзащ блокадэ Ленинградым дэса Наймановэ Инессэ. НобэкІэ ар насыпыфІэу, арэзыуэ мэпсэу. Быным къащІэхъуауэ нэрыбгитху, абыхэм къащІэхъуэжауэ нэрыбгитІ иІэщ. Ахэращ, абыхэм я щІэблэращ блокадницэм и хъуэхъу псалъэхэр нэхъыщхьэу зыхуиунэтІар. —Уафэ къащхъуэ, мамырыгъэ, узыншагъэ, лІыгъэрэ къарурэ щымыщІэу, республикэмрэ къэралымрэ къыщыхъу ІуэхугъуэфІхэм хуэпабгъэу, хуэлажьэу дунейм тетыну!—жиІащ Наймановэ Инессэ. Урысейм щІыхь зиІэ и дохутыр, профессор, республикэ клиническэ сымаджэщым и хирургическэ къудамэм и унафэщІ Тэтэрщауэ Мухьэрбий республикэм щыпсэухэми, пэкІум къекІуэлІа псоми яхъуэхъуащ. —Накъыгъэм и 9-р—дэтхэнэмкІи махуэщІ лъапІэщ. Ар ди адэхэм, адэжьхэм яхуэтщІ пщІэм, я фэеплъым и Махуэщ. ФІыщІэ фхузощІ республикэм и медицинэ лэжьакІуэ, дохутыр псоми къабгъэдэкІыу псалъэ къызэрысхуэвгъэфэщамкІэ, абыхэм ТекІуэныгъэр къытхуэзыхьахэм хуахъумэ фэеплъыр къэсІуэтэну лъэкІыныгъэ къызэрызэфтамкІэ,—жиІащ Тэтэрщауэ Мухьэрбий. Къалэм дэт, зи №5 гимназием нэгъуеибзэмкІэ щезыгъаджэ Бещто Джульеттэ и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ зауэм и нэщІэбжьэр зылъэмыІэса зы унагъуи ди къэралышхуэм зэримысыр, ТекІуэныгъэм и Махуэм щІэблэхэр зэрызэришалІэмрэ псори зы Хэкушхуэм и быну дызэрыщытыр хьэкъ нэхъри зэрытщищІымрэ. Хэкупсэ-лъэпкъыпсэ гъэсэныгъэмкІэ республикэ Купсэм и гъэсэн Кхъуэнэ Рэшид щІалэгъуалэм къабгъэдэкІыу къэпсэлъащ, къыхигъэщащ ТекІуэныгъэм и Махуэр гуфІэгъуэм, нэпсым я махуэщІу зэрыщытыр. ЖиІащ щІэблэщІэр зауэм хэта нэхъыжьхэм яхуэфэщэну псэуным зэрыхуэпэбгъэнур, я фэеплъымрэ щІыхьымрэ зэрахъуэмэнур. МахуэщІ пэкІур УФ-мрэ КъЧР-мрэ я ГимнхэмкІэ зэхуащІыжащ. Утыкум ирикІуащ хабзэхъумэ, къару къулыкъухэм я сатырхэр, зауэлІ техникэр. ПэкІум хэтахэм яунэтІащ фэеплъхэм удз гъэгъахэр тралъхьэну. Махуэр уэлбанэу зэрыщытар зыуи пэрыуэгъуи щхьэусыгъуи хуэхъуакъым цІыхухэр куэду фэеплъ махуэм хэтыным. Къалэм и зыгъэпсэхупІэ паркым—хытІыгу ЩхъуантІэм а махуэм цІыхур щыкуэдащ. Сабии балигъи щызэблэкІащ зауэм хэта ди хэкуэгъу-лъэпкъэгъухэм я сурэтхэр щыгъэлъэгъуа стендхэм, зауэ техникэр здеувэкІа плІанэпэм. Я гуапэу зыщагъэпсэхуащ военнэ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ я гъэлъэгъуапІэ хъуа амфитеатр утыкум. ТекІуэныгъэм и Махуэм екІуэкІа фэеплъ Іуэхугъуэ псоми я кІэухыу, сыхьэтыр 22-м хуэкІуэу уафэгур къагъэунэхуащ хьэрэкІытІэ зэмыфэгъухэм. ТУАРШЫ Ирэ. Сурэтхэр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "tek-uenygem-i-makhuem-makhueshkhuem-i-shch-ykhk-e.txt" }
Террорым пэщIэт Комиссэм Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид Псыжь къуажэм щригъэкIуэкIащ хэгъуэгум щыIэ террорым пэщIэт Комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэр щызэIущIэ зэхиублэм, хэгъуэгум и Iэтащхьэм къызэрыхигъэщащи, Комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ зэхэтыр зэхохьэ Урысейм и Махуэр щагъэлъэпIэнум, апхуэдэ къабзэу футболымкIэ Дунейпсо чемпионатыр щыщIидзэнум ипэ къихуэу.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "terrorym-peshchiet-komissem.txt" }
ТхьэкIушынэ Аслъэн ягъэлъэпIащ Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуар игъэлъэпIащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта, республикэм и къэрал чэнджэщэгъу, Мейкъуапэ къэрал технологическэ университетым и президент ТхьэкIушынэ Аслъэн. МахуэщIым ехъулIэу Мейкъуапэ дэт къэрал филармонием гуфIэгъуэ пшыхь къыщызэрагъэпэщащ. ТхьэкIушынэм ехъуэхъуну пшыхьым къекIуэлIащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ къалэнхэр зыгъэзащIэ КумпIыл Мурат, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр, еджагъэшхуэхэр, творческэ интеллигенцэр. Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу ТхьэкIушынэ Аслъэн и щIыхькIэ къызэрагъэпэща махуэщIым хэтащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэнрэ абы и къуэдзэ Уэз Муратрэ, Парламентым и депутат Хъупсырокъуэ Алий, Черкесск къалэм и мэр Тамбиев Руслан сымэ. КумпIыл Мурат и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ республикэм и егъэджэныгъэм, хабзэкъэгъэщI органым и япэ зэхуэшэсыгъуэм и лэжьыгъэм, къи- нэмыщIауэ, хэгъуэгум и Iэтащхьэу теткIэрэ, абы и социально-экономикэм зегъэужьыным ТхьэкIушынэ Аслъэн хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIар. — Республикэм и Iэтащхьэу узэрытета илъэсхэм хэгъуэгум и социально-экономикэм егъэфIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэпхащ, лъэпкъ куэд зыщыпсэу ди щIыналъэм мамырыгъэр, политикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр щытепщэу бгъэпсащ. Адыгэ Республикэм къыхуэув къалэн нэхъыщхьэхэр фIагъ хэлъу зэфIэпхын папщIэ, цIыхубэр, хьэрычэтыщIэр, щIэныгъэр зэкъуэбгъэуващ, абыхэмрэ властым и органхэмрэ купщIафIэу зэдэлажьэу бгъэпсащ, — жиIащ КумпIыл Мурат икIи махуэщIыр зейм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэкIэ, сыт хуэдэ Iуэху пэрымыувами, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэну. ИужькIэ КумпIыл Мурат къеджащ УФ-м и Президент Путин Владимир ТхьэкIушынэ Аслъэн къыщалъхуа махуэм и щIыхькIэ ехъуэхъуу къыхуригъэхьа телеграммэм. «Жэуаплыгъэ зыпылъ лэжьыгъэм ущыпэрыта илъэсхэм Адыгейм и экономикэмрэ социальнэ Iуэхумрэ зегъэужьыным, республикэм щыпсэу цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэпщIащ. Лъэпкъ куэд зыщыпсэу республикэм щызекIуэ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ хъумэным, нэхъри гъэбыдэным ехьэлIауэ куэд блэжьащ. Уи хэкуэгъухэмрэ уи лэжьэгъухэмрэ пщIэрэ щIыхьрэ къы- пхуащI уи хьэл-щэн дахэм, уи лэжьыгъэм гупсэхуу узэрыпэрытам, узыщалъхуа щIыналъэм фIылъагъуныгъэшхуэ зэрыхууиIэм папщIэ», — итщ Путин Владимир и хъуэхъу тхыгъэм. КъинэмыщIауэ, пшыхьым деж ТхьэкIушынэ Аслъэн псалъэ гуапэ куэд хужаIащ. Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм къабгъэдэкIыу абы ехъуэхъуащ Темрезов Рэшид. — СэркIэ щIыхьышхуэщ сыбдэлэжьэну си насып къызэрихьар. Уэ уи зэфIэкIхэмкIэ, опыт уиIэхэмкIэ, щIэныгъэ ббгъэдэлъымкIэ хэти удэгуэшэну сыт щыгъуи ухьэзырщ. Уи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ, узыщалъхуа республикэм хууиIэ щытыкIэмкIэ уи лэжьэгъухэм, уи хэкуэгъухэм я пщIэр къэплъэщащ. Гуапэу си гум къыбгъэдэкIыу сынохъуэхъу уи махуэщIымкIэ узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ уиIэну, мамы- рыгъэ, гуапагъэ, зэIузэпэщыныгъэ уэри уи унагъуэри фыщымыщIэну! — жиIащ Темрезов Рэшид. ТхьэкIушынэ Аслъэн къэралым, хэгъуэгум я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIар гулъытэншэу къэ- накъым. Абы нагъыщэ, фIыщIэ, илъэс зэхуэмыдэхэм щIыхь зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу, ар «Хэкум щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым е 3-нэ, е 4-нэ нагъыщэ зиIэхэм я кавалерщ, «Зэныбжьэгъугъэ», «ЩIыхь» орденхэмрэ «Адыгейм и ЩIыхь», «Кубаным и гуащIэдэкIым и ЛIыхъужь» медалхэмрэ зэрехьэ, УФ-м профессионально-техническэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ, УФ-м ищхьэ профессиональнэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Адыгэ Республикэм, Кубаным, Къэрэшей-Черкесым, Шэшэным, Ингушым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я IэщIагъэлIщ, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Ар 1947 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 12-м Адыгэ Республикэм хыхьэ Улап къуажэм къыщыхъуащ. 1971- 1983 илъэсхэм Адыгейм физической культурэмрэ спортымрэкIэ унафэщI къалэнхэм пэрытащ, Мей- къуапэ дэт профессионально-техническэ училищэм и директору щытащ. 1993 гъэм Мейкъуапэ къэрал технологическэ институтыр (иужькIэ университет ящIыжар) къызэригъэпэщри, икIи абы и унафэщIу лэжьащ. 1995 гъэм Москва дэт, Ломоносов и цIэр зезыхьэ университетым и диссертацэ лэжьыгъэр щыпхыригъэкIри, социологическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэ лъапIэр къыфIащащ. Мейкъуапэ къалэм и депутату, Адыгэ область Советым, республикэм и Ищхьэ Советым, Къэрал Совет-Хасэм я цIыхубэ депутату мызэ-мытIэу хахащ. 2006 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 13-м УФ-м и Президент Путин Владимир и къыхэлъхьэныгъэкIэ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ къалэнхэр игъэзэщIэну трагъыхьащ. Ар а IэнатIэ мытыншым илъэси 10-кIэ тетащ. ЕЗАУЭ Маринэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "tkhekiushyne-aslen-yagelepiashch.txt" }
ЦIыхубэм игу ирихьащ Мы гъэм накъыгъэм (майм) и 9-м теухуауэ екIуэкIа акцэ зэхуэмыдэхэм я зым нэхъ нэмыIэми хэтащ Урысей Федерацэм щыпсэум и ныкъуэм нэхърэ нэхъыбэр (процент 51-р). ЩIэупщIэныгъэ нэужьхэм апхуэдэ къэпщытэжыныгъэ ищIащ жылагъуэ гупсысэхэр зэгъэщIэнымкIэ Урысейпсо купсэм (ВЦИОМ). «Урысейм и цIыху етIуанэ къэс е и унагъуэм щыщым и лэжьыгъэ Iыхьэ хилъхьащ ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм и щIыхькIэ екIуэкIа акцэхэм»,—етх ВЦИОМ-м. Апхуэдэу, къэралым и цIыхухэр хэлэжьыхьащ «Окна Победы», «Свет Победы», «Флаги России. 9 мая», нэгъуэщIхэми. Акцэхэр къызэрагъэпэщащ я унагъуэхэм ису абыхэм цIыху нэхъыбэ зэрыхэтыфыным хуэдэу. ЩIэупщIэныгъэм хэтахэм я процент 62-м зэрыжаIащи, накъыгъэм и 9-м теухуа махуэщI Iуэхугъуэхэм мы гъэм жылагъуэр нэхъри зэщIаIэтащ, я псэ щытыкIэм зырагъэузэщIащ, цIыхубэм и зэлъыкъуэтыныгъэр нэхъри наIуэ ящIащ. КъинэмыщIауэ, Урысейм и цIыхубэм и нэхъыбапIэм уасэшхуэ хуащIащ ТекIуэныгъэ махуэщI акцэхэм.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "tsiykhubem-igu-irikhashch.txt" }
Уафэр къащхъуэмэ, щIылъэр щхъуантIэмэ… Урысей Федерацэм и Президентым Урысей Консти-туцэм хуэгъэзауэ иджыблагъэ къыхилъхьа зэхъуэкIы­ныгъэхэм яхэтщ дыкъэзыухъуреихь дунейр, щIыуэпсыр хъумэным, псэущхьэхэр къызэтегъэнэным ятеухуа Iыхьи. Апхуэдэу, Урысей Федерацэм и Конституцэм и 114 – нэ статьям щыжыIащ: «… Правительствэм зэрехьэ къэра-лым и щIыуэпс, биологие хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным хуэунэтIа Iэмалхэр…» Ар ущхьэгъу хуэхъуащ ди нобэ­рей зэпсэлъэныгъэми. Нобэ ди хьэщIэщ псэущхьэ дунейр, псы биологие хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэкIэ Къэрэшей – Черкесым щыIэ Управленэм и IэщIагъэлI– щIэ-плъыкIакIуэ пашэ Къурашын Хьэмзэт. Абы и лэжьыгъэр нэхъыбэу икIи нэхъыщхьэу зэхьэлIар Къэрэшей – Чер-кесым и щакIуэ хъызмэтхэращ, щакIуэ Iуэхуращ. — Хьэмзэт, щакIуэ Iуэхур адыгэм, кавказ лъэпкъ­хэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI IэщIагъэщ. Ди лъэпкъэгъухэр щакIуэ Iэзэу щытащ. Ауэ абы щIыгъу­уи, абыхэм къагурыIуэт зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэ­хэр зыщыгугъыр цIыхурауэ зэрыщытыр. ДыкъызытекIахэр щэкIуэным ирипсэу къудейтэ-къым, атIэ Iэмалхэр зэрахьэт псэущхьэхэр дунейм те-мыкIуэдыкIыжыным хуэгъэзауэ. Ауэ зэманым хуаб-жьу зихъуэжащ, цIыхухэр щысхьыжкъым щIыуэпсым, хьэкIэкхъуэкIэр зэтраукIэ. КIуэдыжыным нэсахэри ма-щIэкъым. Ди мэзхэми щIэсщ апхуэдэ шынагъуэр къызыху-къуэплъа псэущхьэхэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «Тхылъ плъыжьым» ихуахэр… Сыт хуэдэ ахэр? — Ахэр куэд дыдэ мэхъу. Ди республикэм щопсэу нэгъуэщIзы хэгъуэгуи щумыгъуэтыну хьэндырабгъуэ­хэр, кавказ хьэндыркъуакъуэхэр, блэхэр, бзунэфхэр (дамэ зытет дзыгъуэхэр), ди псыежэх уэрхэм хэсщ бдзэжьей зэмылэужьыгъуэхэр. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, ди къур­шыпс къабзэхэращ зыхэсыр аргъей (лосось) лIэужьы-гъуэм хыхьэ «ручьевая форель» бдзэжьей хэплъыхьар. Ауэ ахэр лъэныкъуэ едгъэзынщи, дакъытеувыIэнщ цIыхухэр зэщакIуэ псэущхьэ нэхъ инхэм. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, кIуэдыжхэм ящыщу, ди мэзхэм щIэсщ мэз джэдухэр (кавказ леопард, рысь), «кавказ европей норкэ» дзыдзэ лъэпкъыр, псыблэныр (выдра), къурш ажэхэр (горный козёл), домбейхэр (зубры), нэгъуэщIхэри. Ахэр къуэдмэзхэм къызэщIаубыдэ, федеральнэ нэIэм щIэтщ. — АтIэ щэкIуэн пIалъэр щыщIидзэр сыт щыгъуэ? — Дэтхэнэ псэущхьэми ущещакIуэ хъуну и пIалъэ иIэжщ. Псэущхьэ анэхэр щIэжьей щежьэ, ар щапIзэманым ахэр къэбукIхъунукъым. Хъухэм уещакIуэ щыхъуну пIа-лъэри нэхъ пасэу еублэ. Псыжь ажэр (кубан тур) къэ­букIхъунущ шыщхьэIум (августым) и 1–м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 30 – м нэгъунэ. МазиплIым къриубыдэу. ИтIанэ къохьэ адрей псэущхьэхэм (къазхэм, бабыщ­хэм, кхъуэпIащэхэм, нэгъуэщIхэми) я пIалъэр. ИтIанэ ар епхащ мэз псэущхьэхэм я бжыгъэр зыхуэдизым. Псалъэм папщIэ, дыгъужьхэр куэд, къурш ажэхэр мащIэ щыхъу щыIэщ. Мис апхуэдэм дежи дыгъужьхэр къэбукIхъунущ, ауэ ажэхэр – нэхъ мащIэу. Дыгъужьхэр дэни куэд щыхъуащ, икIи ахэр къэбукIхъунущ, сыт хуэдэ хуи­тыныгъэ тхылъкIи (лицензие). ТхьэкIумэкIыхь уежьэу уз­дэщысым, дыгъужь е хьэIуцыдз мэзым къыхэжмэ, чэн­джэщ къомыхьу, къэбукIхъунущ. ЩакIуэм хуитыныгъэ къезыт лицензэ тхылъхэри ят мэзым щIэс псэущхьэ бжыгъэм елъытауэ. ТхьэкIумэкIыхьхэр куэд хъуамэ, абы-хэм уещэкIуэну хуит узыщIтхылъхэр нэхъыбэу ят. Къурш ажэхэр мащIэмэ, ахэр къаущэкIуну ят хуитыны-гъэ тхылъхэр (лицензэхэр) куэдкъым. Къыщрамыгъэу-кIыххи щыIэщ. Къурш ажэхэр, мэз бжэнхэр, щыхьхэр мащIэ хъуамэ, абыхэм мазэ, илъэс бжыгъэкIэ щрамы-гъэщакIуэ щыIэщ. Щхьэ бжыгъэр ирикъужыху… — ЩакIуэхэр мэзым щыщIыхьэ пIалъэм мэзхъумэ­хэм, щIыуэпс инспекторхэм я нэIэр нэхъ щIагъэхуа-бжьэу къыщIэкIынщ. Мэзхэр зэрыщIэфплъыкI вер­толетхэр, машинэ зэгъэпэщахэр фиIэ? — Хьэуэ, вертолет диIэкъым. Ауэ дэни щыпхырыкIыф машинэхэмкIэ (вездеходхэмкIэ), нэгъуэщIтранспорт Iэ-малхэмкIэ пылъхьэншэу дызэгъэпэщащ — Илъэс кIуахэм хъыбар щыIащ нэгъуэщI хэгъуэгу-хэм къикIа щакIуэхэм хабзэм ихъумэ псэущхьэхэр ди деж къаущэкIуу, уеблэмэ, «Тхылъ плъыжьым» ихуа-хэми ящымысхьу… — Япэм апхуэдэ мыхъумыщIагъэхэр щыIагъэнкIи мэхъу, ауэ иужьрей зэманым лъэныкъуэкIэ къикIа щакIуэ «га­стролерхэр» ди деж къынэсауэ, хабзэм ихъумэ псэущ­хьэхэр къаукIауэ сщIэжкъым. ЩIэпхъаджагъи дыпэщIэ­хуэкъым. Пэжщ, щыIэщ зэрыщакIуэ лицензэр къызы-щыгъупщэу мэзым кIуэ. Ар щIэпхъаджагъэкъым, ар гъуэщагъэ къудейщ. — Къэрэшей – Черкесым щыкуэд щакIуэ органи­зацэхэр? — ЩыIэщ щакIуэхэм я жылагъуэ организацэхэр, Черкесск къалэ гупхэр, республикэ зэгухьэныгъэхэр, щыIэщ хыхьэхэкI(предприниматель) гъэпсыкIэм иту зи мэз Iуэхухэр зезыгъакIуэхэр. ЩакIуэ организацэу (охо­топользователи) ди республикэм 6 щыIэщ. — Абыхэм къызэщIаубыдэ цIыхухэр хабзэкIэ щэ-кIуэну хуитщ… — Ар дыдэщ. Япэм ахэр щакIуэт пIалъэкIыхь лицензэ кIэ. Ауэ псэущхьэ дунейм теухуауэ 2009 гъэм къару зыгъуэта хабзэм ипкъ иту, абыхэм иджы щакIуэ хъыз­мэтхэм зэгурыIуэныгъэ дащIри, тыншу икIи пэрыуэ-гъуэншэу мэщакIуэ. — Мэзхэм щIэс псэущхьэхэм я бжыгъэм дауэрэ захъуэжрэ? — ЩыIэщ зи бжыгъэ кIэрыхухэри, багъуэхэри. Жыс-Iэнщи, ар елъытакъым ди лэжьыгъэм е браконьерхэм я хъуагъэщагъэхэм. ХьэкIэкъуэкIэр зы пIэм искъым. Щы-Iэщ ахэр щыIэпхъуэ «миграцэ». Псэущхьэхэри мэкуэш, дунейм и гъэпсыкIэм, уэгъум, уэлбанэм епхауэ. Ахэр ма-кIуэ нэхъ щIыпIэ тыншхэм, яшхын нэхъ здэкуэдым. — Ди деж абы и лъэныкъуэкIэ дауэ щыт? — Ди деж иджы хьэкIэхъуэкIэр нэхъыбэ мэхъу, здэ-псэун, яшхын ягъуэт. — Дунейм текIуэдыкIыжыным нэса псэущхьэ ди дежкIэ щыIэкъэ? — ДызэщакIуэ хьэкIэкхъуэкIэ лIэужьыгъуэхэм я гугъу тщIымэ, Тхьэм и шыкуркIэ, кIуэдыжыным нэса щыIэ-къым. — Мэзхэм щIэс псэущхьэхэм факIэлъыплъыныр, щакIуэхэр фи нэIэм щIэвгъэтыныр дауэ къывэхъу-лIэрэ? ЦIыху бжыгъэкIэ фызэхурикъурэ хьэмэрэ по­лицэ къулыкъущIэхэри зыдэвгъыIэпыкъурэ? — КъэралкIуэцIIуэхухэмкIэ Министерствэмрэ дэрэ Iуэху зэдыдощIэ, щIэплъыкIыныгъэ рейдхэр зэдыдогъэ-кIуэкI. — Ди гупсысэр зэуэ хуожэ дэ ди гъунэгъу, ди саби-игъуэр здэдгъэкIуа мэзхэм. «Тхылъ плъыжьым» ихуа псэущхьэхэр Жьакуэ, Елбыргъэн мэзхэм щIэс? — ЩIэсщ. «Бгъэн мэз джэду» жыхуаIэр (дикий ка­мышовый кот), норкэ дзыдзэ лъэпкъыр. ЖысIэнщи, Жьа-куэ, Елбыргъэн мэзхэм хьэкIэкхъуэкIэр щыкуэдщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы лъэныкъуэкIэ абазэхэр, адреймкIэ адыгэхэр къыздалъхуа щIыпIэхэм нэхъ яхуосакъ, щIыуэ-псыр зэрахъумэным пылъщ. — Елбыргъэн мэзым зэманыфIкIэ щылэжьащ Къэ-бардэ Хьэсин… — Ар здэщыIар щакIуэхэмрэ щэкIуэнымрэ емыпха мэз хъызмэтращ (лесничество). ЩакIуэхэм ядэлажьэ Iэ-щIагъэлIнэхъыжьу (старший охотовед) абдежым илъэс куэдкIэ къулыкъу щищIащ Хьэбэз щыщ Кхъуэхъу Сулъ-тIан. Иджы Инжыдж – КIыкIун щыщ Уэз Азэмэт абы ипIэкIэ къэрал инспектору мэлажьэ. СулътIан Iуэхум те-гъэчынауэ, ткIийуэ пылъащ, хабзэншагъэ къигъэхъуа­къым. Иджы Азэмэти апхуэдэ къабзэу и IэнатIэм жэуа­плыгъэкIэ бгъэдэтщ. Абы къыхэкIыу жыпIэ хъунущ Ел-быргъэ мэзми, Жьакуэ мэзми хьэкIэкхъуэкIэр щIэзу щIэсу. — Упсэу, Хьэмзэт, нетIэ уэри жыпIащ, щIыуэпсым, дыкъэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуэзымыщIым, и щхьэми пщIэ хуищIыжкъым жэуэ. Ди мэзхэр хьэ-кIэкхъуэкIэмкIэ беймэ, уафэр къащхъуэмэ, щIылъэр щхъуантIэмэ, дэри ди насыпщ. Епсэлъар ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "uafer-kashchkhueme-shchiyler-shchkhuantieme.txt" }
Ухуэныгъэ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым КъЧР-м къыбгъэдэкIыу хэт сенатор Салпагаров Ахъмэт, Правительствэм хэтхэмрэ Черкесск къалэм и мэр Тамбиев Русланрэ «Нарт» стадионым щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр, хытIыгу ЩхъуантIэм и спорт ухуэныгъэхэр къаплъыхьащ, лэжьыгъэхэр здынэсар къалъытащ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэгъуэгум и Iэтащхьэм ухуакIуэхэми, къалэм и мэрми къалэн наIуэхэр яхуигъэувауэ щытащ: спорт ухуэныгъэхэр зы теплъэм тету, зы унэтIыныгъэм хуэлажьэу, зы спорт комплексышхуэу ягъэпсыну. Щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэмрэ я паркым щекIуэкIа зэгъэзэхуэжыныгъэ, ухуэныгъэхэм къинэмыщIауэ, «Юбилейнэ» ФОК-р мэлэжьэххэ. Абы хэтщ есыпIэ, зыпсыхьыпIэ пэшышхуэ. Теннисымрэ футболымрэ я Академием зэхьэзэхуэхэр щокIуэкI зэпыт. Спорт IуэхущIапIэ нэхъыщхьэр, зэрыгурыIуэгъуэ щи, «Нарт» стадионращ. Метр зэбгъузэнатIэ мини 7,5-рэ зи инагъ стадионыщIэр нэгъабэ гъэмахуэм яухуэн щIадзащ. Ар хьэзыр щыхъуну щыхуагъэфащэр мы гъэм и кIэращ. ТIысыпIэ мини 10 хъу трибунэхэр хьэзырыххэщ. Абыхэм я лъабжьэм спортзали 3, атлетикэ псынщIэмкIэ зыщагъэхьэзырын манеж зэхуэщIа щаухуащ. №51 5.06.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "ukhuenyge.txt" }
Унагъуэр, сабийр—къэралым и беягъщ Урысей Федерацэм и Конституцэм социальнэ къудамэм ехьэлIауэ игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа и псалъэкIэ къыддэгуэшащ КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Щай Мадинэ. —Япэрауэ, урысей жылагъуэм и беягъ нэхъыщхьэр сабийхэращ. УФ-м и Конституцэм и 67.1-нэ статьям щетх: «Сабийхэр—Урысейм и къэрал политикэм и къалэн пажэщ. Къэралым щытыкIэ псори къегъэщI щIэблэм сыт и лъэныкъуэкIи—псэкIэ, акъылкIэ, IэпкълъэпкъкIэ зиузэщIыным, хэкупсэ-лъэпкъыпсэу къэтэджыным, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыным папщIэ. Къэралым къыхегъэщ сабийм унагъуэм деж щигъуэт гъэсэныгъэр, анэ-адэншэу къэна сабийхэр и нэIэм щIегъэувэ». ЕтIуанэу, къэралым анагъэр, сабиигъуэр ихъумэныр и къалэну къонэж икIи ар нэхъри щIигъэбыдэнущ. Абы хуэунэтIауэ, Конституцэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иту, федеральнэ купсэмрэ хэгъуэгу властхэмрэ зэдэлэжьэнущ. Конституцэм и 72-нэ статьям щагъэнэIуэнущ унагъуэм, институт брака жыхуэтIэм и мыхьэнэр, цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ къагъэщI унагъуэм сабийм и гъэсэныгъэмкIэ мыхьэнэуэ иIэр. Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм щагъэнэIуэнущ: «…унагъуэр, анагъэр, адагъэр, сабиигъуэр хъумэныр; унагъуэм сабийм гъэсэныгъэ тэрэз щигъуэтыным и щытыкIэхэр къызэгъэпэщыныр, балигъыпIэм иува быным анэ-адэр зэрахьэжыныр». УФ-м и Конститутцэм и 75-нэ статьями зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтынущ. Статьям и 5-нэ пунктым щыжыIащ Урысейм гуащIэдэкIым пщIэ зэрыхуищIыр, ари, гуащIэрылажьэм и хуитыныгъэхэри зэрихъумэр. Къэралыр и хъумакIуэщ цIыхум лэжьапщIэ нэхъ мащIэм и кIэ къэмыкIуэ лэжьапщIэ къихьыным. 75-нэ статьям и 6-нэ пунктыр топсэлъыхь пенсэхэр, социальнэ пособэхэр индексацэ щIыным. Абыхэм яхьэлIа конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэр щхьэпэнущ социальнэ тыныгъэхэм, пособэхэм, пенсэхэм жылагъуэм сэбэп, фейдэ нэхъыбэ къыхуахьыным. Ещанэу, къэралым и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм щыщу гулъытэ игъуэтыпхъэщ 114-нэ статьям. Абы къыщыгъэлъэгъуащ федеральнэ Правительствэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэхэр. Абыхэм щIагъужу, зэхъуэкIыныгъэу халъхьэнущ: социальнэу жылагъуэр къызэгъэпэща хъуным хуэунэтIа, зыуэ щыт къэрал социальнэ политикэ егъэкIуэкIыныр, унагъуэхэр хъумэнымрэ защIэгъэкъуэнымрэ, унагъуэ фIыгъуэхэр хъумэныр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, унагъуэм щIэгъэкъуэныгъэ лъэныкъуитI игъуэтынущ: хэгъуэгуми, федеральнэ купсэми къабгъэдэкIыу. Къэрэшей-Черкесым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм и IуэхущIафэр зытеухуар социальнэ Iуэхухэращи, Конституцэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу дыкIэлъоплъ, и Iыхьэ къэскIэ дытопсэлъыхь. Ахэр игъуэу, сэбэп нэхъыбэ къахьыну къыдолъытэ икIи ядыдощтэ,—жиIащ Щай Мадинэ.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "unaguer-sabijr-keralym-i-beyagshch.txt" }
УзэрытхэкIыжрэ, пашэу диIа Стас, зеиншафэ къытеуащ адыгэ лъэпкъым Псэужамэ, нобэ илъэс 70 ирикъунут лъэпкъым и блэкIам, и нобэм, и къэкIуэнум щIэгупсысу, адыгэм и сыт хуэдэ гукъеуэри езым и гуауэу зыхэзыщIэу псэуа адыгэлI гъуэзэджэ Дер Станислав Едыдж и къуэр. Газет напэкIуэцIкIэ къыпхуэгъэлъэгъуэнукъым а цIыху къызэрымыкIуэм, лъэпкъылI щыпкъэу зи гъащIэр езыхьэкIам дахагъэрэ IэфIыгъэу къыщIэнар, адыгэлIым хуэфащэ дуней тетыкIэу иIар. Мы тхыгъэхэр Дер Станислав (Стас) зэи цIыхугум зэримыхум и щыхьэт къудейщ.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "uzerytkhekiyzhre-pasheu-diia-stas-zeinshafe-kyteuashch-adyge-lepkym.txt" }
Ветеранхэм ягу хигъэщIащ Ветеранхэм ягу хигъэщIащ Иджыблагъэ соцсетхэм къыщагъэлъэгъуащ Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ цIыху щхьэхуэхэр къыщыпсалъэ видеоролик. Видеороликым политик Навальнэ Алексей кIэлъыжиIа псалъэхэм куэд къигъэгубжьащ, арэзы техъуакъым. АтIэ, конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ къэпсэлъахэм Навальнэм (зэрыжиIа дыдэу ттхыжынщи) «продажные холуи», «предатели», «люди без совести» яфIищащ. Видеороликым къыщыпсэлъахэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм и ветеран Артёменко Игнат Сергеевич, космонавт гупым я командир Кононенко Олег, хоккеймкIэ олимпийскэ чемпион Фетисов Вячеслав, СССР-м и цIыхубэ артист Лановой Василий, 2014 гъэм екIуэкIа Олимпийскэ джэгухэм мылым къыщыжыхьынымкIэ бзылъхугъэ командэм текIуэныгъэр къыщызыхьа Сотниковэ Аделинэ, гум еIэзэ дохутыр Бокерия Лео сымэ. Ветераныр, нэгъуэщIхэри зыгъэпуда псалъэхэм жылагъуэр къызэщIигъэплъащ. Абы теухуауэ къэпсэлъахэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм и ветеран Михаил Латохэ. —Партизан гупхэм хаутIыпщхьэт Навальнэм хуэдэхэр. Апхуэдэхэр—етIуанэ Власовщ. Тегъэчынауэ жызоIэ, ди ветеран зэщIэхъееныгъэм Навальнэм жиIам хуэфэщэн жэуап иригъэгъуэтыжынущ. ИкIи, сызэрегупсысымкIэ, ар куэдым къыддащтэнущ,—жиIащ ветераным. Къэрэшей-Черкес Республикэми апхуэдэ хьэдэгъуэдахагъым лъэныкъуэгъазэ зыхуищIакъым икIи зауэ илъэс хьэлъэхэм зи псэ емыблэжа ветеранхэм апхуэдэ икIагъэ яхужыпIэныр мытэрэзу къалъытащ. —Политикэ еплъыкIэр, зыгуэрым и гупсысэкIэм емыувэлIэныр, нэгъуэщIым и Iуэху еплъыкIэр дэмыщтэныр…—ахэр щхьэусыгъуэкъым ди нэхъыжьхэм, зауэ гъуэгу хьэлъэхэм ирикIуахэм, «епцIыжакIуэ», «лIыгъэншэ» псалъэхэмкIэ уещэну,—жеIэ КъЧР-м и ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ зэщIэхъееныгъэм и пашэ Къантемыр Арсен.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "veterankhem-yagu-khigeshchiashch.txt" }
Я махуэщIым къыпэкIуа хъуэхъу гуапэхэр ШыщхьэIум (августым) и 15-м Къэрэшей-Черкес къэрал лъэпкъ библиотекэм махуэщIитI игъэлъэпIащ: IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 95-рэ зэрырикъуамрэ абы зи цIэр зэрихьэ, КъЧР-м и цIыхубэ тхакIуэ Байрамуковэ Хьэлимэт къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъумрэ. Апхуэдэ юбилей махуэщIхэм я щIыхькIэ, дауэдапщэм щIэту библиотекэм и щIыхьэпIэм къыщызэIуахащ Байрамуковэ Хьэлимэт и фэеплъ сын. КъинэмыщIауэ, мы махуэм Президент библиотекэм и электроннэ ресурсхэм, Лъэпкъ электроннэ библиотекэм и фондым здыщызыпыпщIэфын купсэхэри къызэIуахащ. «УзыфIэмыкIыжыну IуэхуфIщ нобэ дгъэлъапIэ юбилей махуэщIхэр, ахэр Къэрэшей-Черкес Республикэр илъэс 25-рэ зэрырикъум зэрытехуэр. Си гуапэу фIыщIэ ин хузощI Президент библиотекэм и унафэщI Вершинин Александр, ди ЗэгурыIуэныгъэр гъэзэщIэным жэуаплыгъэ хэлъу зэрыбгъэдыхьам папщIэ. Сывохъуэхъу фи махуэщI лъапIэхэмкIэ! Библиотекэ Iуэхум фызэрыхуэщыпкъэм, Iуэху зэхэщIыкI ин вбгъэдэлъу фи лэжьыгъэр зэрывгъэзащIэм папщIэ Хапчаев Салыхь зи пашэ гупым фIыщIэ ин фхузощI! Къапщтэмэ, псэемыблэжу фи лэжьыгъэм фызэрыбгъэдэтым и щыхьэтщ тхылъым и пщIэр ноби зэремыкIурэхыр, щIэныгъэ къихыпIэу зэрыщытыр. НасыпкIэ, узыншагъэкIэ, зэIузэпэщыныгъэрэ ехъулIэныгъэрэкIэ сывохъуэхъу библиотекэм и лэжьакIуэхэм», — «Instagram» социальнэ зэпыщIэныгъэм щиIэ напэкIуэцIым деж щитхащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. МахуэщIыр щагъэлъэпIа гуфIэгъуэ пшыхьым къекIуэлIащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Кроман Валерие, Правительствэм хэтхэр, депутатхэр, жылагъуэ организацэхэм я лIыкIуэхэр, творческэ интеллигенцэр. Пшыхьым къеблэгъахэм, библиотекэм и лэжьакIуэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ Уэз Аслъэн. — Гуапэу сывохъуэхъу лъэпкъ библиотекэм нобэ игъэлъапIэ махуэщIхэмкIэ! КъикIуа илъэс 95-рэ гъуэгуанэм библиотекэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ куэдым пхыкIащ. Республикэм щыпсэухэмкIэ, къэрал лъэпкъ библиотекэр — щэнхабзэ, узэщIыныгъэ, щIэныгъэ, щIалэгъуалэм хэкупсагъэ здыщагъуэт купсэу сыт щыгъуи щытащ, ноби къонэж. Библиотекэм щрагъэкIуэкI жылагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ купщIафIэ. Апхуэдэщ, щIалэгъуалэм я зауэ-хэкупсагъэ, интернациональнэ гъэсэныгъэм хуэунэтIа зэIущIэхэр, фэеплъ, гукъэкIыж пшыхьхэр, — къыхигъэщащ Уэз Аслъэн. Пшыхьым къыщыпсэлъащ, къызэхуэсахэми псалъэ гуапэкIи захуигъэзащ Байрамуковхэ я лъэпкъым и нэхъыжь Исмэхьил. ИщхьэкIэ зэрыжытIауэ, мы махуэм къызэIуаха, Президент библиотекэм и электроннэ ресурсхэм, Лъэпкъ электроннэ библиотекэм и фондым здыщызыпыпщIэфын купсэр къэгъэщIынымкIэ ди республикэм игъуэта лъэкIыныгъэр зи фIыщIэр КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ Президент библиотекэм и генеральнэ унафэщI Вершинин Александррэщ, абыхэм я зэгурыIуэныгъэращ. Мы махуэм лъэпкъ библиотекэм къыщызэIуаха купсэр — республикэм деж ещанэ IуэхущIапIэщ. АтIэ, мыпхуэдэ купсэхэр щолажьэ Ищхъэрэ-Кавказ гу-манитар-технологие академием, «Архыз-24» теле- каналым я хэщIапIэхэм деж. Куэд мыщIэу, апхуэдэ купсэ Никулин С. и цIэр зезыхьэ республикэ сабий библиотекэм дежи къыщызэрагъэпэщынущ. — Си фIэщ мэхъу мы купсэр республикэм и жылагъуэ-щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ-егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ ин зэрыхъунур. ФIыщIэ ин худощI Урысейм и хэгъуэгухэм купщIафIэу къадэлажьэ, библиотекэ лэжьыгъэр иджырей зэманым тегъэпсыхьауэ щытынымкIэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр къызэзыгъэпэщ Президент библиотекэм, — жиIащ Иванов Александр. ВидеозэпыщIэныгъэм ипкъ иту зи махуэщIыр зыгъэлъапIэ республикэ лъэпкъ библиотекэм хъуэхъукIэ закъыхуигъэзащ Вершинин Александр, икIи Къэрэшей-Черкесым деж иджыри зы купсэ къызэрагъэпэщыну лъэкIыныгъэ зэрагъуэтар гуапэ зэрыщыхъуар къыхигъэщащ. Фыщыдгъэгъуэзэнщи, Президент библиотекэр — Урысей Федерацэм и Лъэпкъ библиотекэ щэджащэхэм, электронно-цифровой Iэмалым тету тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ дэфтэрхэр зыхъумэхэм, зэхуэзыхьэсхэм ящыщщ. АтIэ, Урысей къэралыгъуэм и тхыдэм епха, электроннэ Iэмалым тету дэфтэр 450 000-рэ мы IуэхущIапIэм щахъумэ. Языныкъуэ дэфтэрхэр хуиту щыбгъуэтыфынущ Президент библиотекэм и порталым деж. Библиотекэм ихъумэ тхыдэ дэфтэру хъуар электроннэ еджапIэ пэшхэм уихьэкIэрэ щыбгъуэтынущ. Апхуэдэщ Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм къыщызэIуаха купсэм игъэзэщIэну къалэнри. ЩОХЪУЖЬ Люсанэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "ya-makhueshchiym-kypekiua-khuekhu-guapekher.txt" }
Япэ дыдэу яухуэнущ Къэрэшей-Черкесым жыджэру зыхуегъэхьэзыр япэ дыдэу республикэм къыщызэIуахыну технопаркыр ухуэным. Проектым теухуауэ щытащ иджыблагъэ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм промышленностымрэ сатумрэкIэ и министр Аргун Муратрэ КъЧР-м мылъку, щIыгу зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Поляков Евгенийрэ ядригъэкIуэкIа зэIущIэр. МинистерствитIыр проектым зэдолэжь, инвесторхэм зэпсэлъэныгъэхэр драгъэкIуэкI, зэгурыIуэныгъэхэр дащI. Технопаркыр Нэгъуей районым щаухуэнущ. Министрхэм республикэм и Iэтащхьэр щагъэгъуэзащ лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, проектым телэжьэну управляющэ компанэ къызэрызэрагъэпэщам. Технопаркым хэтынущ промышленнэ компанэ зыбжанэ, хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ я предприятэхэр. ЩIыгум епха дэфтэрхэр, хабзэхэр псынщIэу зэрагъэзэхуэну, коммунальнэ инфраструктурэр ухуэным икIэщIыпIэкIэ и ужь ихьэну Темрезов Рэшид унафэ ищIащ. КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "yape-dydeu-yaukhuenushch.txt" }
ЗэгурыIуэныгъэ зэдащIащ Мы махуэхэм Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ Санкт-Петербург и губернатор Полтавченко Георгийрэ Iэпэ щIадзащ хэгъуэгухэм я зэдэлэжьэныр 2019-2022 гъэхэм ирагъэфIэкIуэным хуэгъэза «дорожная карта» жыхуаIэм. АбыкIэ щIагъэбыдыхьащ зэгъусэу ялэжьыну Iуэхугъуэхэр. Санкт-Петербургрэ Къэрэшей – Черкесымрэ яIэ лъэкIыныгъэхэр къыхалъытэкIэ, зэдэлэжьэныгъэр ялъэIэсынущ турист Iуэхум, медицинэм, хущхъуэ, шхын, хьэпшып лъэныкъуэхэми. №70 8.09.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zeguryiuenyge-zedashchiashch.txt" }
ЗэхъуэкIыныгъэхэм къару хэлъхьэн Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным и Илъэсым ипкъ иту, жыджэру зи лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ муниципалитетхэм КъЧР-м и Iэтащхьэм и грантыр хуагъэфэщэнущ. Мы махуэхэм Зеленчук муниципальнэ районым лэжьыгъэ IуэхукIэ еблэгъащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. №4 20.01.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zekhuekiynygekhem-karu-khelkhen.txt" }
ЗэхъуэкIыныгъэхэм я мыхьэнэр —Урысей Федерацэм и хабзэ нэхъыщхьэм—Конституцэм дяпэкIэ халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр, псом япэу зыхуэунэтIар къэралым щыпсэу цIыхухэм защIэгъэкъуэнращ, социальнэу хъума хъунращ. Ди республикэм щыпсэу цIыхухэр къыхузоджэ мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ Iуэхум лъэныкъуэгъазэу хущымытыну, я Iуэху еплъыкIэр ягъэнэIуэну, Iэ Iэтыгъуэ махуэм жыджэру хэлэжьыхьыну. КъыдгурыIуапхъэщ мыпхуэдэ лъэкIыныгъэ дяпэкIэ къытригъэзэжу дымыгъуэтыжынкIи зэрыхъунур. АтIэ, Конституцэм зэхъуэкIыныгъэ илъэс къэс халъхьэкъым, апхуэдэр къыщыхъур зэзэмызэххэщ. Аращи, нобэ дгъуэта лъэкIыныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ дэтхэнэми щызу къэдгъэсэбэпын хуейщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щхьэхуэу пщIымэ, шэч хэлъкъым, псом нэхърэ нэхъыщхьэр, зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ зыгъуэтынур социальнэ къудамэращ. Бюджет улахуэ къэзыхьу лажьэхэм я лэжьапщIэр индексацэ ящIынущ. Апхуэдэ къабзэу пенсэхэми, социальнэ пособэхэми хэхъуэнущ. А псори щхьэпэнущ социальнэу жылагъуэм защIэгъэкъуэным,— жеIэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Трифонов Артём. АдэкIи депутатым къызэрыхигъэщащи, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр—властымрэ жылагъуэмрэ зэращIылIэну пIалъэ кIыхь зэгурыIуэныгъэу плъытэ хъунущ. Абы щыгъэнэIуауэ щытынущ къэралми, властми я къалэнхэмрэ я пщэрылъхэмрэ, ахэр текI имыIэу зэрагъэзэщIэн хуейр. —ЦIыхухэм яцIыхун хуейщ къэралым сыт щыгъуи закъызэрыщIигъэкъуэнур, зэрихъумэнур, и дэIэпыкъуныгъэ зэраригъэгъуэтынур. Ди зэман мыпсынщIэм абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. КъинэмыщIауэ, социальнэ щIэгъэкъуэныгъэр дэтхэнэ цIыхумкIи щыIэпхъэщ, игъуэтыпхъэщ,—жиIащ Трифонов Артём.
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zekhuekiynygekhem-ya-mykhener.txt" }
ЗэхъуэкIыныгъэхэр дищтэу 2020 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 11-м УФ-м и Къэрал Думэм е 3-нэ еджэгъуэкIэ къищтащ ди къэралым и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр. А махуэ дыдэм УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм федерацэмкIэ и Советым (СовФедым) и арэзыныгъэ а зэхъуэкIыныгъэхэм иритащ. АдэкIэ, хабзэм къызэригъэувым хуэдэу, а зэхъуэкIыныгъэхэм федеральнэ, хэгъуэгу властхэм, цIыхубэм, жылагъуэм Iэ хуаIэт, Президентым Iэпэ щIедз. Иужьрейуэ—Конституцэ хьэкумым псори къепщытэжри, арэзыныгъэ ирет. ХабзэкIэ апхуэдэщ зэкIэлъыкIуэкIэр, ауэ иужьрей мазэхэм къежьа коронавирус уз зэрыцIалэм къэрал Iуэхухэри зэпигъэуфащ. ДяпэкIэ къытпэщытщ конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ жылагъуэм и гупсысэр гъэнэIуэныр. ИджыкIэ дыхуейт ди хэгъуэгум щыпсэу, зи гуащIэкIэ, зи къулыкъукIэ, зи щIыхьрэ пщIэрэкIэ жылагъуэм фIыуэ яцIыхухэм Конституцэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм хуаIэ я гупсысэхэм дыщыгъуэзэну. Ди псэлъэгъур Черкесск къалэм дэт, щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэнымкIэ Купсэм и лэжьакIуэ Псху Зоещ. Мы бзылъхугъэм щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хэлъхьэныгъэу хуищIар гъунэншэщ. Ар—1983-рэ гъэм щегъэжьауэ къэлъыхъуакIуэ гупым и унафэщIу щыткIэрэ, щIалэ, пщащэ ныбжьыщIэхэр, Купсэм и гъэсэнхэр щIыгъуу лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ, къэралым и къалэ, щIыпIэ куэдым щыIащ. Абыхэм къапэкIуэу, ямыгъуэтыж, хъыбарыншэу кIуэда сэлэт, зауэлI куэдым я лъэужьым техьэри, къагъуэтыжащ. Абыхэм я къупщхьэ, иужьрей увыIэпIэ яхуэхъуа, къащIэна хьэпшып, яхьэлIа хъыбар кIапэ зылъагъэIэсыжа унагъуэхэм, Iыхьлыхэм я фIыщIэр гъунэншэщ. КъинэмыщIауэ, Псху Зое 1998 гъэм щегъэжьауэ, нобэр къыздэсым Купсэм щолажьэ. Егъэлеиныгъэншэу, фэрыщIыгъэншэу, кIыхьу къептхэкIыфынущ мы бзылъхугъэ емышыжым и гуащIэмрэ и цIыхугъэмрэ. Ауэ нобэ ди къалэныр Зое Долэт и пхъур илъэс 37-рэ хъуауэ зыхуэлажьэ, и гур зыхуэуз Iуэхухэр нэхъыбэу къызыхэщ, Конституцэм и статьяхэм тедгъэпсэлъыхьынращ. —Зое Долэт ипхъу, къэралым и щыIэныгъэр, ар зыуэ щытыныр, и мэжэхэр наIуэу, зыри къемыныкъуэкъуу, хабзэншэ, купщIэншэ бгъэдыхьэкIэмрэ гупсысэ пхэнжхэмрэ лъабжьэ ящIу, къэралым и гъунапкъэхэм, мэжэхэм къемыныкъуэкъуныр…— ахэращ нэхъыщхьэу зытеухуар УФ-м и Конституцэм и 67-нэ статьяр. Ахэращ зытеухуар абы халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэри. Дауэ уеплърэ уэ абыхэм? ЕтIуанэ упщIэри зэуэ дгъэнэIуэнщи, Купсэм къекIуалIэ фи гъэсэнхэм, щIэблэм мыпхуэдэ Iуэхухэр дауэ нэхъ гурыIуэгъуэу ябгъэдэфлъхьэрэ? Сыт хуэдэу абыхэм къагурыIуэрэ къекIуэкI Iуэхухэр? —Ипэ силъадэу зэуэ жысIэнщи—мы жыхуэфIэ статьями, адрейхэми халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр сигу ирохь, ядызощтэ. НэгъуэщIу дауэрэ, атIэ? Ди адэхэм, ди адэжьхэм я гъащIэр зыщIата ди щIыгур, ди къэралыр зыуэ щымытыныр, ар «яфыщIыныр» ауэми къэбгъэхъу мыхъун хьэдыгъуэдахэщ. Къарурэ псэ дапщэрэ халъхьа ди къэралыр зыуэ, уардэу щытыным?! Сыт щыгъуэ зэмани, сыт хуэдэ псэ зэпылъхьэпIэ къэралыр хэмыхуами, абы и хъумакIуэщ, и къыщхьэщыжакIуэщ хэкупсэ цIыхубэр. Иужьрей зэманым зыгуэрхэм къырагъэкIу ди къэралым, ди адэжьхэм къагъэщIа тхыдэр ягъэулъиину. КъайхъулIэнукъым ар икIи абы и телъхьэщ Конституцэр, дяпэкIэ абы игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр. Тхыдэр иджы зэрахъуэкIыну, ди къэралым къихьа ТекIуэныгъэм, екIуэкIа зауэм ехьэлIа хъыбар нэпцIхэр къезыхьэжьэхэм яхуэгъэзауэ зы щапхъэ къэсхьыну сыхуейт, ар си гукъэкIыжщ. Си адэр щыпсэум и гъусэу сыкIуат езыр зыщызэуа, езы Гитлер и бункер дыдэм ебгъэрыкIуа е 5-нэ Ударнэ Армэм и ветеранхэм я зэIущIэм. Си насып къихьащ генерал Антонов, си адэм и командиру щытам, сепсэлъэну. Ар икъукIэ лIы Iущт, жыжьэу плъэф, гупсысэфхэм ящыщт. Мис абы къызжиIащ апщыгъуэм: «Зое, сэ абы нэс сыпсэунукъым, ауэ уэ ар плъагъунущ—мы ди ТекIуэныгъэм зи Iуэху лъэпкъ хэмылъ куэдым «зыкъыкIэрызыцIэлыну», тхыдэр нэгъуэщIу зэрагъэзэкIыжыну хуей куэд къыкъуэкIынущ»,— жери. Апхуэдэ дыдэу хъуащ, жагъуэ зэрыхъущи. Ауэ ар къэралым, абы и цIыху хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэм зэгуэрми зыми хуадэнукъым, къагъэхъунукъым. Тхыдэр зыми зэрихъуэкIыну хуитыныгъэ иIэкъым, икIэм-икIэжым. Конституцэм и 67-нэ статьям дяпэкIэ щыгъэнэIуащ: «Урысей Федерацэм Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъыр ехъумэ, апхуэдэуи тхыдэ пэжыр ехъумэ. Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэм и пщIэр ягъэлъэхъшэныр къэбгъэхъу мыхъунщ»,— жэуэ. Мис а псори ябгъэдыдолъхьэ Купсэм и гъэсэнхэми, щIалэгъуалэми. Си нэIэм щIэт лъыхъуакIуэ гупри, Купсэм и гъэсэн дэтхэнэри Урысейм и тхыдэм фIыуэ щыгъуазэщ, ди лэжьыгъэр зэрыщыту зыхуэдунэтIри аращ. Фэеплъ щымыIэу къэкIуэни щыIэнукъым. Ар ди щIэблэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым. Зи гугъу тщIы 67-нэ статьям халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэми къыхощ ар. «Сабийхэр—Урысей Федерацэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэщ. Къэралым къегъэщI абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи заужьыным и щытыкIэ псори, хэкупсэу загъэсэным, IэпкълъэпкъкIэ запсыхьыным, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыным хуэунэтIауэ…»,— итщ Конституцэм. Нэхъыжьхэм, щIэблэм ядэлажьэ, езыгъаджэ дэтхэнэми, анэ-адэхэми, къулыкъухэми…,—псоми ди къалэнщ Конституцэм и щытыкIэхэр гукIи псэкIи къытпкъырыхьэу, IэпкълъэпкъкIэ, ухуейуэ щытмэ, зыхэтщIэу, зэхъуэкIыныгъэхэр къэтщтэну, ди къэкIуэнум щIэблэр гъуэгу захуэкIэ хуэдунэтIыну. АтIэ, Конституцэр зэрыщыту, абы халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэри зыхуэлэжьэнур къэралым, абы хыхьэ хэгъуэгу къэскIэ, щыпсэу дэтхэнэ цIыхуми и фIыгъуэмрэ и къэкIуэну нэхумрэщ,— къыддэгуэшащ Псху Зое. Епсэлъар ТУАРШЫ Ирэщ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zekhuekiynygekher-dishchteu.txt" }
Зэкъуэтыныгъэм и нур Иджыблагъэ Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грозный щекIуэкIащ Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я VI Форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ властым, хьэрычэтым, щIэныгъэ купсэхэм я лIыкIуэу, журналисту цIыху миным нэблагъэ. Еханэу екIуэкIа форумри, ипэкIэ щыIахэм хуэдэу, хуэгъэзат Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгум щыпсэу, щылажьэ журналистхэр нэхъыфIу зэрыгъэцIыхуным, гъунэгъуу къадэпсэу лъэпкъхэм фIыкIэ ятепсэлъыхькIэрэ, нэхъ благъэ зызэхуэщIыным. ИкIи, шэч хэмылъу, а мурад нэхъыщхьэхэр къызэгъэпэщакIуэхэм къазэрехъулIам и щыхьэтщ гъэ къэс форумым и пщIэм зэрыхэхъуэр, цIыху нэхъыбэ къызэрекIуалIэр, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр утыку къызэрырахьэр. Псалъэм папщIэ, Псыхуабэ (Пятигорск) къалэм щекIуэкIа япэ зэхуэсиплIыр къызэгъэпэщыныгъэмрэ медиа лъагъуэщIэ хэшынымрэ нэхъ хуэунэтIауэ щытамэ, иджырей форумым IупщI щыхъуащ гъуэгу захуэ зэрытетыр, мыбы хуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Хэгъуэгу гъунэгъухэм щыщ, зи лэжьыгъэкIэ нэIуасэ зэхуэхъуа, нэIуасэ зэхущытыкIэр зэныбжьэгъугъэм хуэкIуэжа журналистхэр зэрызэхуэгуапэм гур хигъахъуэт, мастер – класс зэхуэмыдэхэм гукъыдэж къыуатт. №97 13,12,2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zekuetynygem-i-nur.txt" }
Зи IитIыр хущхъуэ Ди къэралым 1990 гъэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр зэхэзмыщIа ныбжь зиIэхэм яхэту къыщIэкIынкъым. Зыгуэрхэм а пIалъэм я гъащIэр иригъэкIэкIуауэ, нэгъуэщIхэмкIи ар унэтIыныгъэщIэхэм я щIэдзапIэ хъуауэ зэрыщытыр зэманым къыхощыж. Ботэщей къуажэм щыщ Брат МэчрэIил дежкIэ къапщтэмэ, илъэс 39-рэ хъуауэ зыпыщIа IэщIагъэм— шытIакIуэм (массажист) а зэманхэращ и гупэр щыхуигъэзар. Езыр зыхуеджари медицинэрат. Черкесск къалэм дэт медицинэ училищэр фельдшер IэщIагъэр иIэу къиухат. Япэ щIыкIэ Хьэбэз дэт сымаджэщым лэжьэн щыщIидзащ. Ауэ абы куэдри зыщимыIэжьэу, дзэм къулыкъу щищIэну дашащ. Къигъэзэжа нэужь, областной сымаджэщым и травпунктым щылэжьащ, ЖБИ-м и медпунктым фельдшеру щыIащ. Къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщежьэм, зэ щхьэкIэ зыхуеджа IэщIагъэр IэщIыб ищIыну хуежьат. ЛэжьапIэншэ хъуар куэдт, улахуэ ятынри зэпыуат… Ауэ, а зэманым Черкесск къалэм дэт медсанчастым и дохутыр нэхъыщхьэ Зинаидэ Андреевнэ МэчрэIил Iэпкълъэпкъ шытIэным зыхуигъасэу абы ирилэжьэну зыкъыщыхуигъазэм, куэдрэ мыгупсысэу, ЕсэнтIыгу кIуэурэ хуеджэжащ. Медицинэ щIэныгъэр иIэххэти, псынщIэ дыдэу Iуэхум хэзэгъащ. КIуэ пэтми ар фIэгъэщIэгъуэну, нэхъри дихьэхыу, цIыхум и узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ а Iуэхум мыхьэнэ зэрыхэлъыр нэрылъагъу щыхъурэ къогъуэгурыкIуэ. МэчрэIил зэрылэжьа илъэс бжыгъэм къриубыдэу игъэхъужахэм я фIыщIэ мащIэкъым къыIэрыхьар. АтIэ, Iэпкълъэпкъ шытIэкIэм и щэхухэм щыгъуазэ хуэхъуащ, сымаджэ куэдым гупсэхугъуэ къахуихьащ. —ЩыIэщ узыфэ куэд, хущхъуэкIэ пхуэмыгъэхъужыну. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, гупцIэналъэм (мышцэм) и удэрабжьэр (спазмыр) хущхъуэкIэ птхутехынукъым. Ар IэкIэщ зэрыпхузэфIэкIынур. Хондроз зэмылIэужьыгъуэ зиIэхэм, неозит, неврит, фэбжь гуэрэ зыгъуэтауэ и Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэр къыдэмыбзыж щыхъум деж, узэрыпэлъэщыну щыIэр Iэпкълъэпкъ шытIэныгъэращ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр гъэщIэгъуэн дыдэщ. Ар ебгъэщхьыфынущ нэщIыса машинэм. Дэтхэнэми иIэщ Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм епхыжа щIыпIэ щхьэхуэхэр. Епхауэ щытынкIэ мэхъу ар щхьэм, гум, кIуэцIым иIэ пкъыгъуэхэм… Къапщтэмэ, цIыхум и лъэгу закъуэм апхуэдэ щIыпIэ мин 35-м, Iэгум – мин 25-м, тхьэкIумэм – мин 15, напэм 750-рэ, щхьэфэм 800-м нэс иIэщ. Iэпкълъэпкъыр щыпшытIэм дежи а щIыпIэхэр пцIыхуу ахэр щыпшытIэкIэ, а мыузыншэ пкъыгъуэри егъэхъужыф,— жеIэ IэщIагъэлIым. МэчрэIил нобэ медсанчатым хэт лечебно-реабилитацэ купсэм ищхьэ квалификацэ зиIэ и шытакIуэщ. Зы махуэм абы и Iэхэм я IэкIуэлъэкIуагъыр цIыху 20-30-м зыхащIэ. Дауи, ар Iуэху тыншу пхужыIэнукъым, уи къарур апхуэдиз цIыхум щепхьэлIэкIэ. Ауэ, езы IэщIагъэлIым зыкъыуигъащIэкъым, «Дауэ мыхьэлъэми, цIыхум ущхьэпауэ, и гум жьы дэбгъэкIауэ щыплъагъукIэ, абы гухэхъуэгуэ гуэр къыпхелъхьэ» жи нэмысыфIэу. IэщIагъэлIым гу лъыдегъатэ, Iэпкълъэпкъ шытIэныгъэм цIыхум и узыншагъэмкIэ сэбэпу къихьым хуэдэкъабзэу, абы зэранышхуэ къыщихьи зэрыщыIэр. Узыфэ куэд щыIэщ, ар щIыпщI мыхъуни. Абы папщIэ, дохутырхэмрэ шытIакIуэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр быдэу щытын хуейщ. ЗэманыщIэм цIыхум и дагъуэр къэхутэнымкIэ оборудовэнэщIэхэмкIэ ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэри къэгъэсэбэпыхъэщ. Мэчрэил, и гуащIэдэкI лъэжьыгъэм щигъуэта гъэунэхуныгъэхэм и фIыгъэкIэ, цIыху къыхуэкIуам и щытыкIэмкIэ, зэретIысэхымкIэ, зызэриIыгъымкIэ, абы къеныкъуэкъур занщIэу къыщыгурыIуэ щыIэщ. —Дэ, япэм дызыхурагъаджэу щытар, симптом иIэхэмкIэ, IэхъуамбэкIэ къэпхытэурэ цIыхум и лажьэр къэпцIыхуфынращ. Иджы абы къыхыхьащ оборуновэнэфIхэри. Арами, дохутырм цIыхур къыщыпхуигъакIуэм деж, хуэпшытIэнымрэ зэрыхуэпшытIэнымрэ иту, занщIэу, нэ уфIынцIакIэ абы и Iэпкълъэпкъыр шытIэным упэрыувэкъым. Дохутырым къитхам, снимокым, анализхэм къигъэлъэгъуам уоплъри, итIанэ уэ IэпэкIэ къыбохутэ лажьэ зиIэр. Нэхъ хуэсакъыурэ япэ махуэр къыщIыбодзэри, спазмыр техын щIыбодзэ. Угузавэу къаруушхуэ епхьэлIэу шытIэн щIэбдзэныр Iэмал зимыIэщ. Чырбыж зэтелъыр зэрызэтехыжыр ищхьэмкIэ къыщхьэщытхыурэщ, мыхъумэ ищIагъым депхъуэкъым. Апхуэдэ къабзэу, нэхъ мащIэмкIэ къыщIэбдзэу , нэхъ куум ухуэкIуэурэ убгъэдыхьэн хуейщ Iуэхум. ЦIыхум ар зэрызэхищIэм укIэлъыплъурэ,—дыхегъэгъуазэ Братым Iэпкълъэпкъ шытIэным и щэхухэм. Мы зэманым, щхьэ закъуэу лажьэ, Iэпкъ лъэпкъ шытIэнымкIэ медицинэ щIэныгъэм хулъэмыкI псор езыгъэгъуэтыну къэзыгъэгугъэ рекламэм дэнэкIи ущрехьэлIэ. Псом хуэмыдэу ар щыкуэдщ социальнэ зэпыщIэныгъэхэм. Зы сыхьэткIэ, сыхьэтрэ ныкъуэкIэрэ укъагъэщIэрэщIэжыну укъагъэгугъэри, уи фIэщыпэ ящI. Ауэ, аIуэхум маркетинг кIуэрабгъухэр нэхъыбэу щыболъагъу. —Пэжщ, щыIэщ, грыжэр позвоночникым дэзгъэпкIэжыну жызыIэхэр, е езы позвоночникыр и щIыпIэм сантимерткIэ, къипкIауэ жызыIэхэр… Грыжэр, позвночникхэм яку дэлъ хрящращ. Ар дэбгъэпкIэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Е тхы къыдэпкIар нокIуэ жэуэ дэбнъэпкIэжыфу аракъым. Ар яхуэмыщIэну Iуэхущ. ИтIанэ, сыхьэт мынэхъ мащIэу пшытIэм нэхъ сэбэпышхуэ хэлъу къыбжаIэнущ. Ари пэжым щыщкъым. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, уи Iэр дакъикъэ 15 хуэдизкIэ пIуэта нэужь, абы и рецепторхэм зызэхуещIри, адэкIэ епщIэ лъэпкъ зэхищIэжкъым, ухуейуэ щытмэ,— жеIэ Мэчрэил. Поликлиникэхэм Iэпкълъэпкъ шытIэным мащIэ дыдэ зэман зэрырагъэхьым ехьэлIауэ, IэщIагъэлIым жиIащ, Iэпкълъэпкъым и щIыпIэ пщIым елъытауэ, ахэр зэрыпщI зэманыр зэрызэщхьэщыкIыр. Хондроз лIуэжьыгъуэхэр дакъикъэи 10-15-щ зэращIыр. Ныбэм колит щиIэкIэ, нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъэхэр иIэмэ абы дакъикъитI къудейщ зэрыпшытIэ хъунур. Бгъэгурамэ — дакъикъэ 30-40 ехь. Зы зэманкIэ, Мэчрэил и лэжьапIэм деж езым фIэгъэщIэгъуэну тхылъ зэригъакIуэу щытащ. Абы иритхэт зэIэзэну къэкIуа цIыхум и дуней тетыкIэр, зыгъэгумэщI щытыкIэр, и теплъэр, и узыр къыздежьэнкIэ хъуну щытыкIэхэр. Хэт грыжэ иIэми, протрузие, нэгъуэщI ныкъусэныгъэхэр игъэбелджылыт. НтIэ, езым и щIэплъыкIыгъэхэм къызэригъэлъагъуэмкIэ нэхъыбэм цIыхум и тхым зэраныгъэ къыхуэзыхьыр щысрей лэжьыгъэм зэрыпэрытымрэ Iэпкълъэпкъ шытIэнымкIэ псом нэхърэ «нэхъ Iущу» зыкъэзылъытэж дохутытырхэм я Iэзэгъуэмрэщ. Брат Мэчрэил и лэжьыгъэм махуэ псом емызэшу къыпхутепсэлъыхьыфынущ. Ар къыздопслъэм уэ уи Iэпкълъэпкъым и дагъуэхэми гу лъыуигъатэу, узэлэжьыбгъэхэри къыхигъэщыжу. Ауэ, нэгъуэщI зы лъэныкъуэ гъэщIэгъуэнкIи къыхэбгъэщ хъунущ мы IэщIагъэлIыр. Ар, хущхъуэкIэ къэбгъэсэбэп хъу къэкIыгъэхэр зэриджращ. ЖыпIэнурамэ, а Iуэхум лъабжьэ хуэхъуащ и адэшхуэ Лаурэ абы и къуэш адыгэ IэзакIуэу, къупщхьэ щIыжынымкIэ жылэм щыцIэрыIуэу щыта Брат Машэрэ деж. —УдзхэмкIэ хущхъуэхэр зэхэслъхьэу, абыкIэ жылагъуэм сыщыIэзакIуэ схъуну схэту аракъым. Ар сэ сфIэгъэщIэгъуэн Iуэхугъуэу ар къудейщ. ИкIи хущхъуэ зэхэслъхьамэ, ар си щхьэм, е си Iыхьлыхэм, си ныбжьэгъухэм есхьэлIэнкIэ мэхъу. СхуэмыщIэжыххэри, хущхъуэ зэхэслъэу, ар сщэнращ. Апхуэдэ хьэлыр схэлъыххэкъым. Си сабиигъуэм си адэшхуэмрэ, си адэшхуэм и къуэшымрэ ядэслъэгъуар, иужькIэ сэ балигъ сщыхъуам хуэм-хуэмурэ сфIэгъэщIэгъуэну зыхэзгъэгъуазэурэ сыкъогъуэгурыкIуэ. Адыгэхэм къэкIыгъэ куэд яIэу щытащ уз зэхуэмыдэхэр ирагъэхъужу. Ахэр куэду зэщхьэщокI. Адыгэхэм къагъэсэбэп закъуэм имызакъуэу, китай, хьэрып медицинэри сфIэгъэщIэгъуэнщ. Абыхэми удз зэмылъэIужьыгъуэ куэд къагъэсэбэп,—жеIэ Мэчрэил. Удзхэм хущхъуэ къахэхыныр Мэчрэил и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм зыдихьэх Iуэхугъуэщ. Удзхэр къихутэныр, абы хэлъ пкъыгъуэхэр интернет зэпыщIэныгъэм, тхылъхэм къарех, лъэпкъым и нэхъыжьхэм жаIэжхэмкIэ къегъуэт. —Адыгэхэм хуабжьу къагъэсэбэпу щытащ удзым къыхах хущхъуэхэр. Си адэшхуэм и къуэш Машэ, соцIыхуж, удз лъабжьэ къызигъэхьыну къуажэм ухэкIэ иIэ Iуащхьэм сигъакIуу сызэрыщытар. Апщыгъуэми, а удзыр занщIэу къипчу идэтэкъым, «зы лъабжьэ, е лъабжьитI късхукъуэхи, къысхуэхь» жиIэт. Нэхъыжьхэм жаIэу щытащ «Уэ удзыр пщIэмэ, адрейхэм йомыгъэцIыху» жэуэ. ПцIыхумкIэ адрейхэм удэгуашэмэ, абы зэран къихьу къызэгуруэтэкъым. Абы фIы хэлъщ, псапэкъэ? Ауэ, нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщызгурыIуэжащ ар щIыжаIэр. ЦIыху псори а удзхэм хуэсакъыу зэрыщымытыращ жыхуаIэр. Удзыр лъабжьэри игъусэу зы щIыпIэм деж къыщратIыкIкIэ, иужькIэ къэкIыжкъым. Жагъуэ зырыхъущи, иджыпсту удз куэдыр нэхъ мащIэ хъуащ. Япэм здэбгъуэту щыта щIыпIэхэм ущрихьэлIэжкъым,—жеIэ Мэчрэил. Мэчрэил и зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм, автомашинэхэр нэхъ здэмыкIуэ щIыпIэхэм макIуэ, зи зэхэлъыкIэр къицIыхуа удзхэр къигъуэтыну. Удз къэхьынми, абы елэжьэнми езым и щэхухэр иIэжщ. — Удзыр къэпщыпыным, ар зепхьэным, къэбгъэсэбэпыным куэд пыщIащ. Удз къэс къызэращыпри, зэрагъэгъури къызэрагъэпэри зэхуэмыдэщ. Къапщтэмэ, адыгэхэм удз гъэгъукIэ Iэмали 5-6 яIэу щытащ: дыгъэм, жьауэм хэлъу, псы тIэкIу тебутхэу… Къыщыпщып зэманри зэхуэдэкъым. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, уэсэпсыр темыкIауэ къэпщып мыхъунухэр хэтщ, абы гъуатэн зэрыщIидзэнум къыхэкIыу. ИтIанэ, удзыр сытхуэдэ химие зэхылъым нэхъри нэхъ уэущ. Ар къызэрыппэщIэхуэу къэьгъэсэбэп хъунукъым. ПцIыхупхъэщ ар зэрызэхалъхьэ бжыгъэри, зэрыщытын хуейури, зы махуэм зэпхьэлIэну мардэри, армырамэ лей къыуихынкIи мэхъу,—жеIэ Мэчрэил. Мэчрэил къэкIыгъэхэр джыныр, ахэр къехьэлIэныр, абы елэжьыныгъ фIэгъэщIэгъуэну, зыпэрыт Iуэхугъуэщ. Абы зэхилъхьэ хущхъуэхэр и унагъуэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ деж нэхъыбэу къыздигъэсэбэпыр. ШытIакIуэу щылажьэм дежи езым зэхилъхьа хущхъуэхэр щихуэурэ цIыхум щеIэзэ щыIэщ, медицинэ щIэныгъэмрэ жылагъуэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуа Iэзэгъуэмрэ къызэдэбгъэсэбэпмэ цIыхум и узыншагъэр нэрылъагъуу зэрефIакIуэр наIуэ ищIу. БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zi-iitiyr-khushchkhue.txt" }
Зы лъэпкъыу дызэхэтщ Къэрэшей-Черкес Республикэм къеблэгъащ Урысейм и Президент Путин Владимир и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щыIэ Белавенцев Олег. Япэ щIыкIэ ар екIуэлIащ Прикубан районым хыхьэ Кавказскэ жылагъуэм дэт мэжджытымрэ члисэмрэ. Абы и гъусащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, Ищхъэрэ Кавказым щыпсэу муслъымэнхэм я координационнэ Купсэм и тхьэмадэ Бердиев хьэжы Исмэхьил, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт сымэ. Белавенцев Олег мэжджытым и Iимамым КъурIэн, члисэм и настоятелым Библие тхылъхэр яритащ. КъинэмыщIауэ, Кавказскэ жылагъуэм щыпсэу цIыхухэм яхъуэхъуащ я Хэкумрэ республикэм щыIэ, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэ дахэмрэ дяпэкIи яхъумэну. КъыкIэлъыкIуэу, ахэр щыIащ Черкесск къалэм дэт «хытIыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэм. Абдеж хьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ ЩIыхьым и Аллеер, паркым щрагъэкIуэкIа зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр. ИужькIэ абыхэм зауэлIхэм я фэеплъ сыным удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. Белавенцев Олег жиIащ зыгъэпсэхупIэ паркыр игу зэрырихьар, абдеж къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыщагъэпсэхун папщIэ фIыуэ къызэрызэгъэпэщар. ИужькIэ Белавенцев Олегрэ Темрезов Рэшидрэ яунэтIащ ди щIыналъэм ит, цым зделэжь «Квест А» фабрикэм. Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ цым, цыхэкI хьэпшыпхэм елэжьынымкIэ фабрикэр инвест проектым ипкъ иту зэраухуар, абы къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэригъуэтар. IуэхущIапIэм и унафэщI Халкечев Марат хьэщIэхэр зэрыщигъэгъуэзамкIэ, фабрикэм къыщIигъэкI продукцэр иужьрей илъэситIым нэхъыбэ хъуащ. — Илъэсым щагъэу (пряжа) тонн мини 2,5-м нэс къыщIыдогъэкI. Ахэр здыпхырыдгъэкIын, здэтщэн тучанхэм зэгурыIуэныгъэ ядэтщIащи, гугъу демыхьу ди Iуэху догъэкIуэтэф. Апхуэдэу, ди продукцэр ди къэралым и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм ящтэ. Куэд щIакъым Кърымыр къыддэлэжьэну хуейуэ зыкъызэрытхуигъазэрэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ проектым и фIыгъэкIэ, цIыхухэм лэжьапIэ къазэрыхукъуэкIар. Апхуэдэу, мыбдеж цIыху 400-м нэс щолажьэ, — жиIащ Халкечев Марат. КъинэмыщIауэ, ар къытепсэлъыхьащ цыр здыраIэ цех къызэрагъэпэщын зэрамурадым. Абы ехьэлIа проектыр зэхагъэувагъэххэщ. Белавенцев Олег мы IуэхугъуэмкIэ закъыщIигъэкъуэну зэрыхьэзырыр жиIащ. Полпредыр щIэупщIащ фабрикэм щылажьэхэм я гуащIэдэкI лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам. Темрезов Рэшид жиIащ лэжьакIуэхэм гулъытэ нэс зэрыхуащIыр, абыхэм гуащIэдэкI щытыкIэфIхэр къызэрыхузэрагъэпэщар. ИужькIэ Белавенцев Олег, Темрезов Рэшид, Иванов Александр, Бердиев хьэжы Исмэхьил, Феофилакт сымэ Ищхъэрэ-Архъызым щыIэ тхыдэ-щэнхабзэ къулъшы рыфым щыIащ. «Аланский христианский центр на Северном Кавказе» республикэ къэрал IуэхущIапIэу мы комплексым зегъэужьыным ехьэлIауэ Темрезов Рэшид къыхилъхьа унафэр Белавенцев Олег дищтащ. — Ди лъэпкъхэмкIэ уасэ зимыIэ апхуэдэ щIэинхэр къэгъэщIэрэщIэжын хуейщ. Пэжщ, ахэр ди къэралымкIэ, республикэм щыпсэухэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэхэщ. Рэшид Бориспиевич апхуэдэ унафэ къызэрихьар тэрэзщ. Си фIэщ мэхъу, цIыхухэри, къэрал унафэщIхэри, динырылажьэхэри дызэкъуэувэу мы Iуэхугъуэм делэжьмэ, зэрызиужьынур. Ищхъэрэ Кавказым, зэры-Урысейуэ щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэным ехьэлIауэ сыт хуэдэ Iэмалри къэдгъэсэбэпын хуейщ. Си гуапэщ Къэрэшей-Черкесым, зэры-Ищхъэрэ Кавказу дин зэхэгъэж зэрыщымыIэр. Ди къэралым и къарур — зы лъэпкъым хуэдэу дызэрызэкъуэтращ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэри, Бердиев хьэжы Исмэхьили, Феофилакти зыуэ догупсысэ икIи гъуэгу тэрэз дытету къызолъытэ, — жиIащ Белавенцев Олег. Темрезов Рэшид Белавенцев Олег фIыщIэ хуищIащ тхыдэ-щэнхабзэ комплексым зегъэужьынымкIэ унафэ къихьар къызэрыдищтам папщIэ — Нобэ комплексым дыкъызэрыкIуам мыхьэнэшхуэ иIэщ. «Аланский христианский центр на Северном Кавказе» фIэщыгъэцIэр зэттыну IуэхущIапIэм Ищхъэрэ-Архъызым щыIэ члисэм къинэмыщIауэ, Шоанинскэ, Сентинскэ члисэхэри хыхьэнущ. Олег Евгеньевич фIыщIэ хузощI си къыхэлъхьэныгъэр къызэрыздищтам папщIэ. Члисэхэр хъума, зегъэужьа хъун папщIэ тщIэнуми длэжьынуми фIыуэ дыщыгъуазэщ, — жиIащ Темрезов Рэшид. Абы къыхигъэщащ купсэм и Iэхэлъахэр зэрагъэзэхуэжмэ, ар здэщыIэ Зеленчук районри зэрефIэкIуэнур, цIыхухэм лэжьапIэ зэрагъуэтынур. Республикэм и Iэтащхьэм и унафэр дащтащ Бердиев хьэжы Исмэхьили Феофилакти. Абыхэм жаIащ мы члисэхэр ди зэхуэдэ тхыдэу зэрыщытыр, япэм хуэдэу мыбы цIыхухэр нэхъыбэу къекIуэлIэн папщIэ, ахэр къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр. ИужькIэ Ильинскэ члисэм Белавенцев Олег пщы Владимир и тхьэнапэр тыгъэ яхуищIащ. ЕЗАУЭ Маринэ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zy-lepkyu-dyzekhetshch.txt" }
Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ Къагъырмэс Борис Адыгэ пщащэм Уезгъэщхьынут дзэл жыг гуакIуэу Iуфэм Iуту зыкъизыхым, Зи къудамэхэр гъэщхъауэ псым и макъыр зэхэзыхым. Уезгъэщхьынут щиху жыгыщIэу хъугъэпс лъэщыр зи пкъым щIэтым, ЩхьэкIэр ещIэу, пэр зэрихьэу уэгум хуеIэу зызыIэтым. Уезгъэщхьынут уи зекIуэкIэр сэ щыслъагъукIэ, сфIэфIу, пщащэ, Зи бгы псыгъуэр зезыгъакIуэ уардэу лилие дахащэм. Уезгъэщхьынут уэ индусхэм я къэфакIуэ Iэзэ дыдэм, Къафэу щIидзэмэ, гурыщIэр вагъуэ пщагъэкIэ зылъытэм. Уезгъэщхьынут… Сыт уезгъэщхькIэ. Нэрылъагъур сэ жызмыIэу: ЦIыхубзым псоми уэрщ яхэтыр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу… «Черкешенке» — Бальмонт Константин Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым хабзэ хъуауэ щекIуэкI, «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и зичэзу зэхыхьэр сыт щыгъуи хуэдэу дахэу, екIуу, гукъинэжу екIуэкIащ. Зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа пщащэхэм уахэдэну гугъут. Дэтхэнэри теплъафIэт, щIыкIафIэт, акъылыфIэт, фIэрафIэт, IэкIуэлъакIуэт. Я хьэл нэхъыфIхэмрэ я Iэзагъ здынэсымрэ къэпщытакIуэхэми, хьэщIэхэми къритщIэну IэмалыфIт ахэр зэрызэпеуа Iуэхугъуэхэр. Япэ гъэлъэгъуэныгъэм дэтхэнэми жьакIуэу адыгэбзэ шэрыуэкIэ утыкум щыжиIащ къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым я шыфэлIыфэр, езыхэм я дуней тетыкIэр, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр, хъуэпсапIэхэр, нэгъуэщIхэри. IэпэIэсагъэм Iуэхур щынэсым, пщащэхэм дакъикъэ бжыгъэкIэ щэкI кIапэм щIыIу ирадащ. ПщэфIэныр къазэрехъулIэр къагъэлъэгъуащ щIакхъуэзэтеж, кхъуейжьапхъэ, дэлэн, лыцIыкIулыбжьэрэ пIастэрэ Iэнэм къытрагъэувэкIэрэ, ар зэрапщэфIар экранымкIэ къагъэлъагъуэу. Пщащэхэр адыгэ щэнхабзэм зэрыхэтыр гукъинэжу утыку щагъэлъэгъуащ щхьэж езым и зэфIэкIымрэ тхури зэгъусэу ягъэзэщIа къафэмкIэ. Усэ къеджэнми, поэмэм щыщ пычыгъуэ жыIэнми, къэфэнми дахэу пэлъэщащ ахэр. ЖыпIэнурамэ, жюримкIэ хэдэгъуейт абыхэм: пшыхь фащэхэр зэкIужу ящыгърэ псы хуэм ес къазу утыку къызэрихьэм, дэтхэнэми адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зыхэт, нобэрей махуэм декIу фащэхэр ящыгът, пасэм адыгэ бзылъхугъэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшып зырыз яIыгът. Зэпеуэм и кIэм хъуэхъу зырыз жаIэн хуейти, абыи пщащэхэр егугъуащ, хъуэхъур зытеухуа Iуэхугъуэр теплъэгъуэу къагъэлъэгъуащ. Гугъут къэпщытакIуэхэм я Iуэхур. Апхуэдиз гуакIуагъ, шэрыуагъ, гумащIагъ, Iэдэбагъ, Iущагъ зыгъэлъэгъуа пщащэ нэсхэм я нэхъыфIыр, нэхъ жаныр, нэхъ Iэзэр, нэхъ шэрыуэр зэрызэкIэлъыкIуэу къыхэхын хуейт. ИтIани арат зэпеуэм и хабзэри, пщащэхэм увыпIэхэр хуагуэшащ. Апхуэдэуи, «Адыгэ пщащэ-2019» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ Къущхьэ Iэсят. Япэ Адыгэ пщащэ хъуащ Джэдмышх Даринэ. ЕтIуанэ Адыгэ пщащэр Къуэныкъуей Лианэщ. Ещанэ Адыгэ пщащэщ Чэт Лианэ. «Пщащэ зэчиифIэу» зэпеуэм хэтащ Дзасэжь Лианэ… Зы пщащи къэнакъым Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Налшык къалэм щэнхабзэмкIэ и Управленэм, «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм я ЩIыхь тхылъхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкIа саугъэтхэмрэ зрамыта, КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Министерствэхэм я ЩIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэгуфIащ япэ увыпIищыр къэзыхьахэр. ТекIуам Дунейпсо Адыгэ Хасэр ЩIыхь тхылъкIэ хуэупсащ. Саугъэт щхьэхуэхэр пщащэхэм иратащ Урысейм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, Къудей Владимир, Зыхьэ Оксанэ, ЩоджэнцIыкIу Леонид, нэгъуэщIхэми. Саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща, «Адыгэ пщащэ-2019» хъуа Къущхьэ Iэсят — мы гъэм и гъэмахуэм Израилым кIуэнущ! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмрэкIэ и Министерствэм хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъри зыгъэбыдэ проект телъыджэ егъэзащIэ. АтIэ, илъэс къэс хамэ къэрал щыщ адыгэ сабийхэр зыгъэпсэхуакIуэ къешэ, зыгуэркIэ къыхэжаныкIа хэкурыс ныбжьыщIэхэр зыгъэпсэхуакIуэ егъакIуэ. Iэсят и кIэн къикIащ мы гъэм Израилым кIуэну, Кфар-Камэ щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм я щыIэкIэмрэ зригъэлъагъуну. Зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zykhuebgade-khun-shchymyie.txt" }
Зыужьыныгъэ гъуэгу Иджыблагъэ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид Москва деж щыIущIащ УФ-м мэкъумэш хъызмэтымкIэ и министр Патрушев Дмитрий. ЗэIущIэм къриубыдэу тепсэлъыхьащ хэгъуэгум и мэкъумэш зыужьыныгъэм, абы щхьэпэну экономикэ, социальнэ инвестицэ проектхэм, къэрал программэхэм. Гуапэ зэрыхъущи, федеральнэ министрым лъагэу къилъытащ Къэрэшей-Черкесым и мэкъумэш хъызмэт зыужьыныгъэр, къыхигъэщащ а зыужьыныгъэр илъэс къэси нэхъри зэрефIакIуэр, продукцэ нэхъыбэ къызэрыщIигъэкIыр. Апхуэдэу, 2013 гъэм елъытауэ, мэкъумэш хъызмэтым продукцэу къыщIигъэкIар проценти 10-кIэ хэхъуащ, псори зэхэту сом мелард 32,3-рэ и уасэ къилэжьащ. №48 23.06.2018
{ "source": "cherkes-haky.ru", "id": "zyuzhynygue-guegu.txt" }